Зы мащэм цIыху 233-рэ

1868 гъэм Къундетхьэблэ (Псыжь адрыщIкIэ) щыщ гуп - Бэбыгу Хьэжы, Къуэндаур, Дэхъушыкъуей, Шэрихь Адэмей, Мэрэнкъул, Ихьбацэ сымэрэ абыхэм я благъэхэмрэ – щIэлъэIуащ Тыркум Iэпхъуэну хуит къащIыну. ЩаутIыпщым я унэлъапсэмрэ мылъкумрэ ящэщ, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ гум ирагъэтIысхьэри, гъуэгу теуващ, Керч нэс зэпрысыкIыну я мураду. 
Дауэ хъуами, хэт и унафэми ящIэркъым, ауэ Iуэхур и кIэм нэблэгъауэ, щIыналъэм и унафэщI полковник Догмицовым гупыр хэкум иримыгъэкIыу игъэгувэрт. Адыгэхэр едэIуакъым щIыналъэм и унафэщIым, гупыр игъэбэмпIэну, хьэрэмагъ игу илъу яужь ихьауэ къагурыIуэри, я гъуэгуанэм пащэжащ. Полковникым ар къыщищIэм, дзэ зэщIэузэда и гъусэу кIэлъыпхъэращ жыIэмыдаIуэхэм. ЯлъэщIыхьэри, жылэм къагъэзэжыну унафэ яхуищIащ. 
Адыгэхэм ефэнды ящIыгъути, абы еупщIащ дауэ тщIымэ, дауэ хъуну жаIэри. Ефэндым адыгэ щIалэхэм закъыхуигъэзащ:
- Урысейм и фIэщхъуныгъэм дытришэну яужь зэритым фыщыгъуазэ? – жиIэри. 
- Дыщыгъуазэщ, - жаIащ адыгэхэм. 
- Ар фщIэуэ Урысейм и унафэм фыкъыщIэнэмэ, ди щIэблэр чристану къызэрытщIэхъуэнур къывгурыIуэрэ?
- КъыдгуроIуэ!
- АтIэ, а псори фщIэуэ дгъэзэжмэ, урыс унафэм дыщIэту, чристан диным диту, абыхэм дахэшыпсыхьыжыну фыарэзыуэ аращ къикIыр! – жэуап итащ ефэндым. 
Iэпхъуэну жылэм къыдэкIахэм ящыщу зы закъуэт «дывгъэгъэзэж» жызыIэри, адрейхэм тхьэ яIуащ е хэкум икIыну, е я щхьэр Iуэхум халъхьэну. Адыгэхэм я жэуапыр Догмицовым щратым, унафэщIым нэгъуэщI хэкIыпIэ имылъагъуу, фочауэ гуп щIыгъути, унафэ яхуищIри, адыгэхэм яхигъэуащ. Ауэ щыхъум, адыгэхэм шым зрадзри, сэшхуэхэр кърахат, ауэ фочауэхэм кърагъэпсыхащ псори, уеблэмэ гум исхэми яхигъэуащ. 
ЗауэлI щIыхьыр хэзутэ лей зэралэжьыр къызыгурыIуэжа урыс сэлэтхэм я унафэщIым зыхуагъэзащ фочыр ягъэIылъыну хуит къищIыну, гум ис сабийхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ гущIэгъу хуищIыну. Сыт жамыIами, дауэ емылъэIуами полковник хьэщхьэвылъэм идакъым ар. Догмицовым ищIэрт адыгэхэм фочыншэу зэрытемыкIуэнур. 
Урыс командирхэм ящыщ зы полковникым емыдаIуэу и гупыр щIыгъуу япэ ищри, адыгэхэм яхыхьащ. Шыгухэм щынэсым командирым гу лъитащ бостей хужьыпс щыгъыу, уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щIым щылъ хъыджэбзым. Командирыр абы щхьэщыхьащ, тхьэIухудым зыгуэркIэ сэбэп хуэхъуфынумэ, къригъэлын и гугъэу. Моуэ щеIэбыхым, хъыджэбзым и гуфIакIэм кIэрахъуэ къыдихщ, командирым къеуэри, зэшэзэпIэу иукIащ. 
Хахуагъэрэ цIыхугъэрэ къызылъыкъуэкIа урыс командирым илъ ящIэжу сэлэтхэм хъыджэбзыр фочпэбгкIэ яукIри, и адэ-анэмрэ и дэлъхуитIымрэ я хьэдэм щIыгъуу мащэм ирадзэжащ. Адыгэхэр щIэлъэIуат муслъымэн диным къызэрищтэм хуэдэу я хьэдэхэр щIалъхьэжыну хуит къащIыну, ауэ Догмицовым нэрыгъыу иубыдщ, мащэшхуэ къригъэтIри, псори абы ирикIутэжат. 
Гум исахэм ящыщу зы цIыхубз закъуэрэ зы сабийрэщ къелар. Псори зэхэту а махуэм полковникым иригъэукIат цIыху 233-рэ. 
Гу лъытапхъэщ гъуэгу теува адыгэхэр зэтриукIэну Догмицовым унафэ зыми къызэрыхуимыщIам, ар езым и жардэму зэрыщытам. Армырамэ, полковникыр напэтехыу и къулыкъум трагъэкIынтэкъым. 
Мы хъыбарыр япэу къэзыIуэтэжар Псыжь икIыу Тыркум Iэпхъуа къэбэрдеипщ Къетыкъуэмрэ абы и беслъэней уэркъ Дэхъушыкъуей Алъхъэстрэщ. ЗыпцI хамылъхьэу къаIуэтэжа а хъыбарым Константинополь и садразамыр къыщеджам и нэпсыр хуэмыIыгъыжу гъауэ жаIэ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: