Берлин и метром щагъэлъагъуэ

Мы махуэхэм Берлин и метро станцым щагъэлъагъуэ ди хэкуэгъу художник Хьэжу Мурат и «Джоанна Стингрей говорит...» гъэлъэгъуэныгъэр. 

«А-транс» утым уи лэжьыгъэхэр щыбгъэлъагъуэ зэрыхъунум Хьэжы Мурат хигъэгъуэзат «Йорой» проектыр 2021 гъэм абы хэIущIыIу щызыщIа ди хэкуэгъу художник, скульптор цIэрыIуэ Пащты Алим. Выставкэм Мурат хигъэхьащ сурэтхэмрэ псалъэхэмрэ къызытещ и граффитихэр.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Хьэжу Руслан и унагъуэм 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м къыщалъхуащ Мурат. Адэм и лъагъуэм ирикIуэж сурэтыщIыр мы зэманым Германием и Халлэ къалэм щопсэу икIи щолажьэ. Графикэ, щэкI гъуазджэ, анимацэ, нэгъуэщI куэдми хуэIэзэщ ар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: