Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу. ­КъулыкъущIэхэр теп­сэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэры­хъум, къуажэ щIыпIэхэр зэ­лъыIухыным, губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэ­кIым. 

Нэхъыщхьэу зи гугъу ящIар Накъыгъэм и 9-м - ТекIуэныгъэм и махуэм - зыхуэгъэ­хьэ­зы­рынырщ. 
Къызэхуэсахэм къызэдащтащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ фызабэхэмрэ мы гъэм иратыну ахъшэр сом мини 100-м нагъэсыну. Ап­хуэдэуи, КIуэкIуэ Казбек нэгъабэ къыдигъэкIа уна­фэм ипкъ иткIэ, тылым щылэжьахэмрэ пIалъэ зэ­хуэ­мыдэхэм концлагерхэм, нэгъуэщI гъэрыпIэхэм исахэмрэ сом мин тхурытхукIэ яхуэупсэнущ. 
«Унафэ яхуэсщIащ хэкум и хъумакIуэхэм я фэ­еплъ сынхэмрэ щIыпIэхэмрэ зыхуей хуагъэзэну, дауэдапщэхэр екIурэ-ещхьу ирагъэкIуэкIыну», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. 

Поделиться: