Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ. Абы хэтащ IуэхущIапIэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм поли­тикэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, а IуэхущIапIэм и чэнджэщэгъу Храмцов Алексей, зэгухьэныгъэм хэтхэр.

ЗэIущIэм хэтахэр щагъэгъуэзащ ЩIыпIэ уна­фэр зехьэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ ­урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм ящыщ Гусевэ Иринэ КъБР-м и АСМО-м хэтхэм зэры­-захуигъазэ и тхыгъэм. Абы къыщыхэщащ КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я ­советым хэтхэр гурэ псэкIэ зэрелэжьыр цIыхухэр зэIузэпэщу псэунымрэ къуажэхэм зегъэужьы­ным­рэ икIи дэтхэнэми фIыщIэ зэ­рыхуищIыр.
«КьБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и правленэм 2023 гъэм зэ­фIи­гъэкIамрэ 2024 гъэм къалэн нэхъыщхьэу зы­хуи­гъэувыжхэмрэ ятеухуауэ зэIущIэм къы­щып­сэ­лъащ IуэхущIапIэм и унафэщI Пэнагуэ Максим. 
Абы жиIащ блэкIа илъэсым правленэм иригъэ­кIуэкIа зэIущIэхэм Iуэхугъуэ 20-м нэблагъэм зэ­рыщыхэплъар. Ахэр теухуат щIы Iыхьэхэр бэджэнду щаткIэ, къэрал хабзэм къигъэувхэм щIыпIэ ­администрацэхэр зэрытетым, цIыхухэм зыкъы­зэрыхуагъазэхэр зэрызэхагъэкIым, муниципаль­нэ къулыкъум IэщIагъэлIхэр зэрыхуагъэхьэзы­рым, Донбассыр яхъумэн папщIэ, УФ-м и Президент Путин Владимир Украинэм дзэ Iуэху хэха ще­кIуэ­кIыну къызэрыхилъхьар ягъэзэщIэным хыхьэу къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ КъБР-м и АСМО-м щIыналъэм и Iэтащхьэм и Администрацэм по­литикэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэ­-хэм я IуэхухэмкIэ и управленэр и гъусэу, 2010 гъэ лъандэрэ къызэрыдагъэкIыр «Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ газетыр». 
- Мы зэманым ди цIыхухэми муниципальнэ щIыналъэхэми гулъытэшхуэ хуащI Украинэм ще­кIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди щIалэхэм зэры­­зыщIагъэкъуэным, - къыхигъэщащ Пэнагуэм. - ­Къапщтэмэ, 2014 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и муниципалитет псоми къыщызэ­рагъэпэщащ Донбассым къикIын хуей хъуахэр къы­зэрырагъэблэгъэнур. Дэтхэнэ къуажэми яIэщ Луганск, Донецк республикэхэм ирагъашэ дэIэ­пыкъуныгъэхэр щызэхуахьэс щIыпIэхэр, икIи а Iуэхум ноби пыдощэ. Апхуэдэуи 2023 гъэм бадзэ­уэгъуэм и 18-м Iэ щIэддзащ «Хэкум и хъума­кIуэ­хэр» къэрал фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм дызэрыдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм. Зэгухьэныгъэм хэтхэр жыджэру долажьэ КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я Iуэху­хэмкIэ и комитетым, абыхэм депутатхэр я гъусэу районхэм зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI. КъБР-м щIы­пIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэр республикэм и Правительствэм и гъусэу йолэжь УФ-м и Президентым 2018 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа «2024 гъэ пщIондэ тещIыхьауэ УФ-м зэрызиу­-жьынумрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ ятеухуа къалэнхэр» и Унафэр зэрагъэзащIэ Iэмалхэм. 
Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псоми иужьрей зэманым со­циальнэ IуэхущIапIэу 50-м щIигъу щаухуащ, му­ниципальнэ гъуэгуу километр 60 зыхуей щы­хуагъэзащ, жылагъуэ щIыпIэу 100-рэ унэхэм ­къедзылIа пщIантIэу 200-рэ зэIузэпэщ ящIащ. 2023 гъэм къэрал программэ 26-м тещIыхьауэ муниципалитетхэм зегъэужьыным сом мелард 61,4-рэ хухахащ. Пэнагуэ Максим республикэ уна­фэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэу жыджэру муниципалитетхэм зэрызыщIагъакъуэм щхьэкIэ.
Абы дыщIигъуащ 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэр ЩIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ Iэ­натIэм зегъэужьынымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВАРМСУ) зэрыхэтыр. 
- 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 13 - 14 махуэхэм ВАРМСУ-м и етхуанэ зэхуэсыр Москва щекIуэ­кIащ, - пищащ адэкIэ КъБР-м и АСМО-м и правленэм и унафэщIым. - Абы щытепсэлъыхьащ му­ниципальнэ IэнатIэхэм щIэупщIэ зэрагъуэтынум, щIалэгъуалэр а Iуэхум къешэлIэным. Ап­хуэдэ IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзырын папщIэ, «Му­ни­ци­пальнэ чэнджэщэгъу» Iуэхур къыхалъ­хьэнущ, лэ­жьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкIхэм ныбжьыщIэхэр ира­гъасэу. ДяпэкIи дыхущIэкъунущ «Муниципаль­нэ IуэхущIэкIэ нэхъыфI» зэхьэзэхуэр зэредгъэкIуэкIыным, абы ипкъ иткIэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэфIхэр дгъэбелджы­лынущ. Къы­хэзгъэщыну сыхуейт ищхьэкIэ зи ­гугъу сщIа Зэ­хуэсым «Служение» урысейпсо ­муниципальнэ сау­гъэтыр ятыну къызэрыщыхалъхьар. Апхуэ-дэуи, фигу къэзгъэкIыжынщи, УФ-м и Прези­дентым и унафэкIэ, «ЩIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зэ­рагъэувар. АдэкIи къалэныщIэхэр къыт­пэ­-щылъщ, муниципалитетхэм зегъэу­жьы­ным, ­районхэм цIыхухэм я псэукIэр щегъэ­фIэ­кIуэным епхауэ. Абы щхьэкIэ тхузэфIэкI къэд­гъанэ хъунукъым.
ЗэIущIэм къыщащтащ КъБР-м и АСМО-м 2023 гъэм и бюджетыр зэрагъэзэщIам теухуауэ IуэхущIапIэм и ревизэ комиссэм къызэщIикъуэжар. Апхуэдэуи ягъэбелджылащ «ЩIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэм и махуэм» теухуауэ ирагъэ­кIуэ­кIыну Iуэхугъуэхэр (мэлыжьыхьым и 18 - 20 ­махуэхэм ягъэлъэпIэнущ).
ЗэIущIэм къыщызэщIакъуэжащ 2023 - 2024 ­гъэ­хэм ирагъэкIуэкIа республикэ зэпеуэхэм те­кIуэныгъэ къыщызыхьахэр. «Къуажэ нэхъыфI» цIэр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ: Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэр (япэ увыпIэр хуагъэфэщащ, сом мини 110-рэ и саугъэту), Шэрэдж районым и Аушыджэр къуажэр (етIуанэ увыпIэ - сом мин 80), Дзэлыкъуэ райо­-ным и Къамылыкъуэ жылагъуэр (ещанэ увыпIэ - сом мин 60). Зэхьэзэхуэм и дипломанту къалъытащ Бахъсэн районым и Къубэ-Тэбэ къуажэр.
«Къалэхэм я щIыпIэ администрацэ нэхъыфI» хъуащ Дзэлыкъуэ районым и Дзэлыкъуэкъуа­жэ къалэм и щIыпIэ администрацэр (ахъшэ саугъэту сом мин 50 хуагъэфэщэнущ). Республикэ зэхьэ­зэхуэхэм щытекIуахэр щагъэлъэпIэнущ «ЩIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэм и махуэм» теухуауэ къызэрагъэпэщыну зэхыхьэхэм. 
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм къыщащтащ ­«КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэм и унафэщI бзылъхугъэ нэхъыфI», «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я лэжьыгъэр нэхъыфIу къэзыгъэ­лъагъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ», «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я лэжьыгъэр нэхъыфIу къэзыгъэлъагъуэ пресс-IуэхущIапIэ», «2024 гъэм гъатхэпэм и 15 - 17-хэм УФ-м и Президентым и хэ­хыныгъэхэр щрагъэкIуэкIым IэIэтыр зыхуей хуэ­зауэ къыщызэрагъэпэща пэш нэхъыфI» респуб­ликэ зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр щагъэбелджыла дэфтэрхэр. 
Апхуэдэуи правленэр арэзы техъуащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъымрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъымрэ, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр, Къэрал IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ цIыхубэм Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэ­хэмрэ я профсоюзым и республикэ комитетым и ЩIыхь тхылъыр, КъБР-м и АСМО-м и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэщэну къагъэлъэгъуахэм.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: