Дзэм ираджэнухэр

 ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къытIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэухылIэныгъэ (контракт) щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталийрэ. 

Урысей Федерацэм и Президентым къыди­гъэ­кIа унафэм ипкъ иткIэ, дзэ къулыкъум пэрагъэувэнухэр мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ ираджэ. А Iуэхур щызэкIэлъагъэкIуэну Къэ­бэрдей-Балъкъэрым мы зэманым къыщызэ­Iуахащ дзэм дэзыш комиссэу 14: пщыкIущыр - районхэм, зыр - республикэм и къалащхьэм.
- Гъатхэ дэшыгъуэм хуэдгъэхьэзырын хуейуэ республикэм къытхуагъэувар цIыху миным нэблагъэщ. МызэкIэ, цIыхуи 100-м щIигъум дзэм зэрыдэтшынумкIэ дэфтэрхэр яIэрыдгъэхьащ. Зи гугъу сщIы цIыху миныр мэлыжьыхьым и 15-м щыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм ику пщIондэ едгъэжьэнущ, - къыхигъэщащ дзэ комиссарым.
Ди республикэм щыщу иджырей дэшыгъуэм хэхуэнухэм я нэхъыбэр здагъэкIуэнур лъэсыдзэр арами, щIалэхэм къахэкIынущ хыдзэм хагъэхьэнухэри. Иужьрейхэм къулыкъу щра­хьэкIынущ Балтикэ тенджызым, хы ФIы­цIэм, хы Хуэмым. КъинэмыщIауэ, щыIэнущ хьэуа-десант, хьэршыдзэм ираджэнухэри. Армэр хуеинущ Урысейм и ДОСААФ-ми нэгъуэщI абы хуэдэ еджапIэхэми ягъэхьэзыра, С категорие зиIэ машинэзехуэхэми. 
Пахомовым зэрыжиIэмкIэ, щIалэхэр щызэ­хуашэсыну щIыпIэхэм зэрыIуашынур гуфIэгъуэ щытыкIэм тетущ. Дэтхэнэри, емыжьэ щIыкIэ, дзэм зэрыхэтыну щыгъынхэмкIэ яхуэпэнущ, ­гъуэгу гъуэмылэхэмкIи къызэрагъэпэщынущ. 
Дзэм ираджэну къатохуэ зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуахэми колледжхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэми. ПIалъэкIэ ирамыджэну хуитыныгъэ яIэщ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэмрэ университет-институтхэм щIэсхэмрэ.
- Республикэм и дзэ комиссэхэм цIыху мини 6-м щIигъу мы зэманым къетшэлIэну ди мурадщ. Ахэращ цIыху миным нэблагъэр къы­зыхэтшынури. ДэркIэ нэхъапэр дзэм дгъакIуэхэр узыншагъэ тэмэм яIэу зэрыщытыпхъэрщ. Я узыншагъэр хуэхъумэ - догъакIуэ, хуэмыхьэзырхэр - доутIыпщыж, - игъэбелджылащ Пахомовым.
КъБР-м и дзэ комиссарым зэрыжиIам тет­щIыхь­мэ, зи дэкIыгъуэу армэм ираджэхэр дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэхэм яшэнукъым, къэралым къыхагъэхьэжа щIыналъэхэми ирагъэхьэнукъым. 

ЗэухылIэныгъэ езыщIылIэхэр
 
- УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерст­вэм къытхуигъэува къалэнхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ кIуэну ­хуейхэм гуп щхьэхуэхэр къахэтхыныр, - къыпещэ и псалъэм Пахомов Дмитрий. – Мы гъэми а щIыкIэм тету дзэм хэдгъэхьэну къытхуагъэувам я бжыгъэр мини 2-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщу нобэ ирихьэлIэу дгъэхьэзырахэм я бжыгъэр цIыху 300-м щIегъу. Ахэр зэгурыIуэныгъэм тету дзэм къулыкъу щезыхьэкIынухэм яхэдгъэхьакIэщ. 
- Нэгъабэ, иджы хуэдэ зэманым, ­Къэ­­бэр­дей-Балъкъэрым къыщызэдгъэпэщащ зэухылIэ­ныгъэкIэ дзэм къулыкъу щезыхьэкIыну ­хуейхэр здекIуалIэ хъуну хэщIапIэ. Ар сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ, - зэIущIэм щIэсахэм абыкIэ ­хъыбар дигъэщIащ зи гугъу тщIы екIуэлIапIэм и ­унафэщI Дмитриев Виталий. 
ХэщIапIэщIэм и лэжьыгъэр зэтраухуащ, ­екIуалIэ дэтхэнэми а махуэ дыдэм (лэжьэгъуэ махуэхэми зыгъэпсэхугъуэхэми) зыщIэупщIэ псомкIи чэнджэщ щигъуэтыфын хуэдэу. Iухьэхэм ­къулыкъу щрахьэкIыну нэхъ зыхуейуэ къагъэлъагъуэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу ­къедбжэкIынщи, Ставрополь крайм щыIэ хьэуа-десант дзэм и хэщIапIэрщ, кIэлъыкIуэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм пэгъунэгъуу щыIэ Тарскэ къуажэ цIыкIум къегъэщIылIа мотострелковэ полкымрэ апхуэдэ дзэ лIэужьы­гъуэхэмкIэ Волгоград къыщызэрагъэпэща полкыщIэмрэщ.
Дзэм а щIыкIэм тету зэгурыIуэныгъэ езыщIы­лIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ я хуитыныгъэхэм къахохъуэ. Дзэ Iуэху хэхар здекIуэкI щIыпIэм кIуахэм я мазэ улахуэр сом мин 210-м (сэлэтхэм ират) деж къыщыщIэдзауэ нэхъыби мэхъу. КъинэмыщIауэ, апхуэдэм зэ тыгъуэу къы­Iэрохьэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и ми­нис­терствэм и жэрдэм хэлъу – сом мин 195-рэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къыбгъэдэкIыу - сом мин 300. Иужьрейр мы гъэм ­гъатхэпэм и 1-м яубла Iуэхугъуэщ. 
Езым и фIэфIыныгъэкIэ дзэм зэгурыIуэныгъэ езыщIылIэм къэралым зыкъызэрыщIигъакъуэм щыщщ «Ветеранхэм яхуэгъэзауэ» зыфIаща федеральнэ хабзэм къызэрыщагъэлъэгъуауэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и мылъкукIэ фэтэр зыIэригъэхьэну хуитыныгъэ зэриIэр, езыми и унагъуэм щыщхэми я узыншагъэм щакIэлъыплъ хъуну IуэхущIапIэхэм пщIэ щIамыту зыщрагъэIэзэну Iэмал зэраIэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, зэпеуэ къыхэмыкIыу икIи пщIэншэу, щIэтIысхьэну хуит зэращIыр. Дзэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэфынущ зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 60-м фIэмыкIа дэтхэнэми.
Ди республикэм нэгъабэ а щIыкIэм тету дзэм къулыкъу щызыщIэну кIуахэм я бжыгъэр мини 2-м щIегъу. Абыхэм я нэхъыбэр фочауэщ, мыдрейхэр машинэзехуэщ, пщафIэщ, техникэм пыщIахэрщ.  

IэмалыщIэ 

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Урысейм и «ПСБ» ахъшэ хъумапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Нэхущ Азэмэт. 
- «ПСБ» банкым къызэригъэпэща «СВОи» электрон картэр IэмалыфIщ СССР лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ зауэ зэпэщIэувэныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм хэта ди хэкуэгъухэми мы зэманым екIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэми къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ яхуигъэфащэ хуитыныгъэхэр, къехьэкI-нехьэкI лей хэмыту, тыншу зыIэрагъэхьэнымкIи ахъшэ зэрыхалъхьэ-къы­зэрыхахыж IуэхухэмкIэ къагъэ­сэбэпынымкIи. Зи гугъу тщIы электрон картэм къалэн зыбжанэ хуэгъэзэщIэнущ: ар, псом япэрауэ, ахъшэ зэ­рыхэплъхьэ-къызэры­хэпхыж хъуну къызэрыгуэкI «Iэмэпсымэщ», етIуанэрауэ, ар социальнэ картэщ, ещанэрауэ, абы къыщыгъэлъэгъуащ зыIыгъым «ветеран» цIэр зэрызэрихьэр, - игъэбелджылащ Нэхущ Азэмэт. 
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм «СВОи» электрон картэр «ПСБ» ахъшэ хъумапIэм и дэтхэнэ къудамэми къыщраIыхыфынущ. Абы папщIэ яIыгъын ­хуейр езыхэм я паспортымрэ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэм зэрыщыIэм щыхьэт техъуэ тхылъымпIэмрэщ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: