ЗамыгъэнщIауэ зэбгры­кIы­жт

ДунеитIым я зэхуакум 

Горький Максим и цIэр зе­зыхьэ урыс драмэ театрым иджыблагъэ япэу щагъэлъэ­гъуащ «Отель двух миров» спектаклыр. 
Ди зэманым и драматург цIэрыIуэ Шмитт Эрик-Эмануэль и IэдакъэщIэкI пьесэр налшыкдэсхэм къызэрымыкIуэу ягу ирихьащ. Ар зыгъэувар Балъкъэр Юрэщ.
ЦIыхур зэрытелIыкIым теухуауэ дунейпсо литературэм тхыгъэ щымащIэкъым. Дунеягъэмрэ хьэд­рыхэрэ яку дэту къалъытэ цIыхур зэрыт щытыкIэм, здэщыIэ щIыпIэм, къелхэм ягъуэт гуп­сысэкIэм теухуауэ еплъыкIэ гъэ­щIэгъуэн куэд щыIэщ. Мыбыи аращ и лъабжьэр.
Спектаклым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Жюльен Порталь ­(Къуэдз Расул егъэзащIэ) машинэ зэжьэхэуэм хэхуа иужь, хьэ­щIэщ гъэщIэгъуэн гуэрым къы­щIохутэ. Абы ар щыхуозэ ипэкIэ имыцIыхуа гуэрхэм икIи къыгуроIуэ, ахэри езым хуэдэу зэ­ры­телIыкIар. Ахэр хэти щылIэнум, хэти къыщыхъужынум йожьэ. 
Утыкум тетIысхьэпIэ зыбжанэ, зы стIол (къакIуэ-кIуэжхэр щатхыу), С, В хьэрфхэр зытет гъуэгу зэ­хэкIыпIэхэр щыболъагъу. Иужь­кIэ дохутырым (Мамаладзе Элеонорэ) къызэрыдгуригъа­IуэмкIэ, С-мкIэ ягъакIуэр узыфэ гуэр къызэузхэмрэ къэхъукъащIэм и зэран зэкIахэмрэщ, В-мкIэ зызыукIыжыну яужь итахэр яунэтI. ЛIыхъужь нэхъыщхьэр В-мкIэ зэрагъэкIуам папщIэ мэныкъуакъуэ, ауэ абы къыгурагъаIуэ фадэ ефэу руль зэрыдэтIысхьар езым и ягъэу, ари зыукIыжыным зэрыщыщыр. 
 ХьэщIэщым и администратору абы щоджэгу Нэгъуей Заур, и ­къуэдзэм и ролыр Накуэ Надин егъэзащIэ. Апхуэдэу спектаклым ущрохьэлIэ - Президент Дельбек (Сыбэч Алим), Раджапур Iэзэ (Щауэ Артур), узыфэ хьэлъэ къызэуз Лорэ пщащэм (Бей Маринэ), хьэщIэщыр зэлъыIузых Мари (Литфулинэ Альбинэ) сы­мэ. Къэхъунум ухуэпIащIэу абы­хэм спектаклым ухашэри, удрагъэхьэх. Языныкъуэ лIыхъужьхэм уи гур ящIоузри, нэхъ псынщIэу хъужыну, я Iуэху зэтеувэжыну ­уа­хуохъуапсэ, языныкъуэхэм ­гу­щыкI зыхуагъэщI.
Жюльен а щIыпIэ гъэщIэгъуэ­ным къыщыгуроIуэж и гъащIэр пщIэншэу зэригъэкIуар. Абы зы­хэщIыкI, гущIэгъу иIэ мэхъу, итIанэ, фIыуэ елъагъу Лорэ пщащэ тхьэIухудыр. Апхуэдэу, я гуп­сысэкIэм зехъуэж а щIыпIэм къыщыхута дэтхэнэми.
ЩIагъыбзэ ин, гушыIэ шэрыуэ зыщIэлъ спекталым цIыхум и мыгъуагъэхэм я гугъу щащI икIи лъэныкъуэ куэдкIэ узыщIегъэгупсысыж. КъищынэмыщIауэ, нобэрей махуэкIэ упсэун зэры­хуейр иджыри зэ дигу къегъэ­кIыж.
Театрым къехъулIа спектак­лымкIэ дохъуэхъу.

Таурыхъ зэхэзэрыхьа

Чуковский Корней и IэдакъэщIэкIхэр зи лъабжьэ «Перепутанная сказка» сабий спектаклыр Горький Максим и цIэр зе­зыхьэ урыс драмэ театрым  щагъэуващ. 
Абы щIидзэн ипэ, сабийхэм фIыуэ ялъагъу уэрэд цIыкIухэр театрым къыщеуэрти, щIэсхэр къанэ щымыIэу дежьуурт. Таурыхъым нэхъри удрагъэхьэхырт утыкур щхъуэкIэплъыкIэу зэрыгъэщIэрэщIам, артистхэм я щыгъын хьэлэмэтхэм. 
Спектаклыр зыгъэувар КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Толстовэ Евгениещ. Абы хузэфIэкIащ таурыхъым и купщIэр имыхъуэжу  иджырей дунейм щыщ гуэрхэр хипщэн. Аращ ар сабийхэм нэхъыбэу ягу щIрихьар. цIыкIухэр темызэшэн хуэдэу, спектаклыр сыхьэт ныкъуэм къизагъэу ягъэ­лъэгъуащ. Пэжым ухуеймэ, япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ, а таурыхъым пэшым щIэс псори дихьэхыу зэреплъыр нэрылъа­гъут.
Сабийхэм яфIэфI гушыIэ, уэрэд, къафэхэмкIэ гъэнщIат спектаклыр.
Мэзым къыщыхъу-къы­щы­щIэхэр онлайн жыпхъэм иту къэзытыж кинорепортёр, Iуэхур езыгъэкIуэкIхэр шэрыуэу псалъэу спектаклым хэтщи, абыхэм теплъэгъуэхэр зэпащIэ. Зы таурыхъым адрейр къыпыувэрт, абы и гъусэу утыкур зэрыгъэ­щIэрэщIахэри зэрахъуэкIырт. Айболит, Муха-Цокотуха, аргъуей угъурсыз, бэдж бзаджэ, хьэндрабгъуэ тхьэIухудхэр хэтт а таурыхъ теплъэгъуэхэм. 
Спектаклым щыджэгуащ – ­Хъупэ Марианнэ, Накуэ Надин, Дэрокъуэ Рустам, Къущхьэ ФатIимэ, Шыкъуэ Аскэр, Толстовэ Марие, Малишевская Марие, Сторожевэ Анастасие, Нэгъуей Заур сымэ.
Таурыхъ хабзэу псори зэгурыIуэжауэ, сымаджэхэр ягъэхъужауэ, щыуам къыгурыIуэжауэ, нэщхъыфIэу иухащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Чуковский Корней езым и IэдакъэщIкIхэр зэхилъхьэурэ зы къахищIыкIыу зэрыщытар. Абы илъэс 50 ипэкIэ и усэ 13 зэхилъхьэри, сабийхэм папщIэ литературэ къуажэхь зэхигъэуват. 
 Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ спектакль гъэщIэгъуэнхэр зыгъэув Толстовэ Евгение ар къигъэсэбэпри, «Доктор Айболит», «Фёдориное горе», «Мойдодыр», «Муха-Цокотуха» тхыгъэхэр зэхилъхьэри, сабийхэми балигъхэми яфIэгъэщIэгъуэн спектакль утыку кърихьащ. 
Пэшым щIэсахэм спектаклымкIэ замыгъэнщIауэ зэрызэбгры­кIы­жыр нэрылъагъут. шэч ­хэлъкъым абыхэм театрым ­къы­зэ­рытрагъэзэнум, зымылъэ­гъуа­хэр хуаIуэтэжурэ зэ­ры­ра­гъэхъуэпсэнум. 

Шыпсэхэр и лъабжьэу

Налшык дэт гуащэ театрым и илъэс лэжьэгъуэр зэхуищIын ипэ Овиденкэ Юлие и «Каша из топора» пьесэм къытращIыкIа спектакль щагъэлъэгъуащ. 
Урыс цIыхубэ таурыхъхэр зи лъаб­жьэ пьесэм зэуэ шыпсэ зыбжанэ зэрыщызэхалъхьам и фIыгъэкIэ, цIыкIухэр спектаклым еп­лъащ яфIэгъэщIэгъуэну, яфIэ­щIэщыгъуэу, къэхъунум хуэпIащIэу. Сыхьэт ныкъуэкIэ екIуэкI Iуэхугъуэм цIыкIухэри къыхашат, ахэр таурыхъым хэт лIыхъужьхэм дэIэпыкъурт, упщIэхэм жэуап иратырт, къуажэхьхэр зэпеуэу ­къащIэрт.
Театрым и кIыщым мы спектаклым папщIэ гуащэщIэхэр, фащэщIэхэр щадат. Таурыхъым, гуа­щэхэм къищынэмыщIауэ, артис­тхэри щоджэгу. Ахэр – Линьковэ Наталье, Лобжанидзе Анжеликэ, Ульбашевэ Миланэ, Жариков Артём, Техьэж Марат, Куэшэр Анзор сымэщ. 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: