Гъэ еджэгъуэм щIимыдзэ щIыкIэ

Муниципальнэ сыхьэт зэIущIэм и жыпхъэм иту, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыпIэ администрацэхэм, щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэм яIущIащ.

  Зэхуэсым хэтащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и къудамэу Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэм и унафэщI Дадэ МуIэед сымэ. 
 Къызэхуэсахэр фондым и лэжьыгъэм, щIыналъэм щыIэ абы и къудамэр муниципальнэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэм тепсэлъыхьащ. Республикэм и Iэтащхьэм жэрдэм ищIащ фондым и унафэр зыгъэзащIэ жылагъуэ лэжьакIуэхэр IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщу, гъэзэщIапхъэ къалэнхэр къулыкъущIэ щхьэхуэхэм я пщэ далъхьэну. 
 Республикэм щылажьэ программэхэмрэ проектхэмрэ я гугъуи ящIащ. КIуэкIуэ Казбек гулъытэ нэхъыбэ етыпхъэу къелъытэ гъэ еджэгъуэм щIимы­дзэж щIыкIэ, курыт еджапIэхэр зыхуей хуагъазэу зэрахьэн зэрыхуейм. ИджыпстукIэ щIыналъэм школ 16 щIэуэ щаухуэ, 40 щызэрахьэ, абыхэм ящыщу 10-р зэгъэпэщыжыным илъэситI текIуэдэнущ. Къэрал мылъкум къыхэкIыу, школхэр зэIузэпэщ щIыным къыхуаутIыпщынущ сом мелард 1,7-рэ, абы хохьэ еджапIэхэр иджырей Iэмэпсымэрэ еджэ­ныр ящызыгъэпсынщIэ хьэпшыпхэмкIэ къызэ­рагъэпэщыным текIуэдэнухэри. Республикэм и мылъкум къыхэкIыу, еджакIуэхэм къахуэмыщ­хьэ­пэж тхылъыжьхэмрэ зэманым къемызэгъыжхэмрэ яхъуэжыным хуаутIыпщынущ сом мелуан 42-рэ. Республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ еджапIэхэр гъэ еджэгъуэм и щIэдзапIэм къыкIэрымыхуу зэрахьэным кIэлъыплъыну, къалэн зыщащIыжахэм я гъэзэщIэкIэм езыр щыгъуазэ ящIыну. ­КъинэмыщIауэ, унафэ ищIащ зэрахьэн хуей сабий IыгъыпIэхэм я Iуэху зыIутыр утыку кърахьэну. 
ЗэIущIэм къыщаIэтащ сабийхэм я узыншагъэр щра­гъэфIэкIуэну гъэмахуэ лагерхэр къызэгъэ­пэщын зэрыхуей Iуэхури. Абыхэм ящыщ зыр, сабии 100 щIэхуэну, «Антарес» сабий щIэныгъэ центрым иубыд щIыпIэм къыщызэIуахынущ. А Iуэхум къэрал мылъкум щыщу трагъэкIуэдэнущ сом мелуан ­57-рэ. 2024 гъэр къэмыс щIыкIэ, лагерым сабий 300 екIуэлIэфын хуэдэу, зрагъэубгъунущ. КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ муниципальнэ сабий лагерхэр яухуэн, е ухуэныгъэ гуэрхэр зэрагъэпэщыжу абы хуагъэкIуэн папщIэ, ящIэ хъунухэм епха жэрдэмхэр утыку кърахьэну. «Дэтхэнэ щIыналъэми я сабийхэм ягу загъэу зыщагъэпсэхуфын лагерь яIэжын хуэдэу, программэу дгъуэтым дыхыхьэнущ», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: