Улахуэм хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм, блэкIа илъэситIми хуэдэу, проценти 10-кIэ хэхъуэнущ 2023 гъэм  шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ищIа пщэрылъым ипкъ иткIэ республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий унафэм Iэ щIидзащ. Дэфтэрыр (№324-рп, 2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 7) ­къралъхьащ КъБР-м и Правительствэм и сайтым - https://pravitelstvo.kbr.ru.
Унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, я улахуэм хэхъуэнущ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ, щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм, ауэ абы хиубыдэркъым къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэр.

Поделиться: