Гъуэгухэр зыхуей хуагъазэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу, видео­зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комис­сэм и президиумым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ ­УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий, траспортымкIэ министрым и япэ къуэдзэ Костюк Андрей, ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ ми­нистрым и къуэдзэ Ивановэ Светланэ, «Росавтодор»-м и унафэщI Новиков Роман, хэ­гъэгу Iэтащхьэхэр. 
Зэхуэсыр теухуауэ щытащ ­гъуэгу ухуэныгъэм щIыналъэ­хэр иужь зэритым, нобэкIэ ­зэ­фIагъэкIахэм. Апхуэдэуи гъуэгу­хэм ятеухуауэ 2022 гъэм зэфIагъэкIынухэм тепсэ­лъы­хьащ. Новиков Роман къызэ­хуэсахэм я пащхьэ щыжиIащ щIыналъэхэм гъуэгухэр щау­хуэнымкIэ иращIылIа илъэсищ зэгурыIуэныгъэр здынэсар, ­кърикIуахэр. 
Хуснуллиным къыхигъэщащ ­гъуэгу ухуэным текIуадэ мылъкур зэгъэзэхуа хъун пап­щIэ ­зэгурыIуэныгъэхэр зэра­щIы­лIэн, абы ирахьэлIэхэр ­нэхъ щы­пудым ирихьэлIэу къэщэхун зэ­рыхуейр. 
Вице-премьерым хэгъэгу ­Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ гъуэгу Iуэхумрэ «ПсэупIэмрэ къалэ щIыпIэхэмрэ» лъэпкъ проектымрэ зэгъусэу зэде­лэжь­мэ зэрынэхъыфIыр, егъэ­джэныгъэ, медицинэ IуэхущIапIэхэм, турист екIуэлIапIэхэм и Iуэху щызэрахуэкIэ, гъуэгури абы щIыгъуу зыхуей хуагъэзэн зэрыхуейр. 
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, гъуэгу ухуэнымкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр япэ итхэм ящыщщ. 
Ди республикэм мы гъэм «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шы­нагъуэншэхэр» лъэпкъ проектымкIэ объекти 184-м щелэ­жьын хуейт. Абы щыщщ километри 123-рэ хъу гъуэгу телъ­хьэныр, щIыпIийм щыIэ гъуэгу километр 37-р къэгъэнэхуныр, щIыпIэ 18-м гъуэгубгъухэр щыгъэбыдэныр, щIыпIи 116-м лъэс лъагъуэ зэпрыкIыпIэхэр, Т7 све­тофорхэр тету, щыщIыныр. Лэжьыгъэхэр щIыпIи 172-м щы­зэфIэкIащ, иджыри къэнэжахэм йолэжь. Налшык къалэ Що­джэнцIыкIум и уэрамым и гъуэгу километр 1,5-р, Налшык уикIыу Май къалэм узэрыкIуэ гъуэгум и километри 4,6-р щы­зэрагъэпэщыж. Ахэр 2022 гъэм яухынущ. 
2021 гъэм псори зэхэту гъуэгум сом меларди 2 хухахат. ­ЗэгурыIуэныгъэм къыщыгъэ­лъэгъуа пIалъэм тету и чэзум яублащ лэжьыгъэр. «ФIагъ ­лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектымкIэ республикэм къыхуаутIыпща ахъшэм и процент 98-р къагъэсэбэпащ. Апхуэдэуи «Комп­лексное развитие сельских ­территорий» къэрал программэм ипкъ иткIэ, мы гъэм къуа­жэхэм гъуэгу хъарзынэ щытралъхьащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм и уна­фэкIэ, республикэ, щIыналъэ программэхэмкIэ екIуэкIа лэ­жьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зэ­фIыхьащ. Гъуэгухэр тралъхьа къудей мыхъуу, ахэр ягъэ­нэхуащ, лъэс лъагъуэхэр ящIащ.
Мы тхьэмахуэм хэгъэгум иджыри къыхуаутIыпща сом мелуани 100-мкIэ республикэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгу километр 11 щызэрагъэпэщыжыну я мурадщ. 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: