ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, хьэщIэхэм зэгъусэу удз гъэгъахэр тралъхьащ университетым и пщIантIэм дэт, Хэку  зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым.
Темыркъаным и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центрым  къыщызэхуэсахэм КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий хъуэхъукIэ захуигъэзащ.
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ди япэ итахэм я лIыхъужьыгъэр дигу къегъэкIыж, апхуэдэуи къэкIуэнум дрегъэгупсыс. Сыхуейт узыншагъэ быдэ фиIэу илъэс куэдкIэ фытхуэпсэуну, фи унагъуэхэм мамырыгъэрэ берычэтрэ илъыну, - жиIащ Алътудым, зауэм хэтахэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм захуигъазэу.
КъБКъУ-м щызэхэт ветеран зэгухьэныгъэм и унафэщI Шурдым Хьэсэн жиIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щылэжьауэ нобэ ветераниплI псэужу аращ: Балакирев Михаил, Гордиенкэ Иван, Иуанокъуэ Нурбий, Ожередь Максим сымэ. Ахэр ди цIыхубэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм и щапхъэщ».
«Афган зауэм, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур университетым и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ гулъытэ ветеранхэм зэрыхуащIам папщIэ икIи зэгухьэныгъэм и ЩIыхь тхылъыр еджапIэ нэхъыщхьэм и ректорым иритащ.
Апхуэдэуи Тхьэгъэлэджым къыхигъэщащ Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ мы гъэм илъэс 30 зэрырикъур. КъБКъУ-м мы зэманым щолажьэ Афган зауэм хэта цIыхуищ - Алъэсчыр Руслан, Багъэтыр Аслъэн, Шурдым Хъусен сымэ.
Университетым и щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ зыхуагъэфэщахэм иратыжащ, хэкум и хъумакIуэхэм пшыхь гукъинэж ирагъэлъэгъуащ еджапIэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм.
 
* * *
Бахъсэн районым и куэдщ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэр, лIыгъэ къэзыгъэлъэгъуахэр. Абыхэм я щIыхькIэ ирагъэкIуэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым хэтащ щIыпIэ администрацэм, Афган зауэм хэтахэм я республикэ центрым, Бахъсэн къалэм, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн районхэм я дзэ комиссариатым, зауэм хэтахэм я район зэгухьэныгъэм я унафэщIхэр, кадетхэр, нэгъуэщIхэри.
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ защыхуигъазэм, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур ехъуэхъуащ махуэшхуэр зыгъэлъапIэхэм, Хэкум и щIыхьыр зыхъумахэм. Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэта цIыху 87-м иратащ «40-нэ армэм и къалэнхэр Афганистаным зэрыщиухрэ илъэс 30 ирокъу» юбилей медалхэмрэ щыхьэт тхылъхэмрэ.
Афганистаным и ветеранхэм я республикэ центрым и унафэщI ЦIыпIынэ Резуан «Урысейм щрихьэкI къулыкъум папщIэ» орденыр иритащ Бахъсэн къалэм, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд. Ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал-полковник Громов Борис и Iэр зыщIэлъ щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Iэхъуэбэч Андзоррэ  пенсэм щысхэм я район зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаздэхъу Олегрэ. Зэхуэсым щедэIуащ совет зауэлIхэм я хахуагъэр щаIэт уэрэдхэмрэ усэхэмрэ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: