Гъуэгу ухуэнымкIэ зи Iуэху нэхъ зэпэщхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIы­налъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиу­мым и зи чэзу зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат шыщхьэуIум и ­26-м иригъэкIуэкIам.

Президиумыр теухуауэ щытащ гъуэгухэр щIыным, зэгъэ­пэщыжыным, псэупIэ ухуэ­ным  ятеухуа  Iуэхухэм, «Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр», «ПсэупIэмрэ къалэхэмрэ» лъэпкъ проектхэм хыхьэу зэфIагъэкIын хуей къалэнхэм зэрехъулIэм.
Хуснуллин  Марат арэзы техъуэу къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым а унэтIыныгъэхэмкIэ лэжьыгъэфI зэрыщ­ра­гъэкIуэкIыр икIи абы папщIэ фIыщIи къахуищIащ.
«Шынагъуэншэ, фIагъ лъаги зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектхэм хыхьэ лэжьыгъэхэм я гугъу щищIым КIуэкIуэ Каз-бек жиIащ дызэрыт илъэсым республикэм гъуэгу объекти 116-м щелэжьыну зэраубзы­хуар, абыхэм ятеухуа зэгу­рыIуэныгъэ псори зэрызэращIылIар. Псори зэхэту а лэ­жьыгъэхэм хухахащ сом мелард 1,7-рэ. Абыхэм ящыщу сом мелард 1,3-р республикэ, щIыпIэ бюджетхэм я ­                            мылъкущ. Объекти  102-м     лэ­жьыгъэ­хэр щызэфIагъэкIащ. Мардэм изагъэу автомобиль гъуэгу километр 92-рэ ятащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ар зэфIагъэкIыну зытраухуам и процент 80 мэхъу. Лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну кърата мылъкум и процент 85-р къагъэсэ­бэпащ, ар сом мелард 1,5-рэ мэхъу. Iэтащхьэм къыхигъэщащ лэжьыгъэ псори фокIадэ мазэм къриубыдэу зэраухынур.
КIуэкIуэ Казбек Урысейм и вице-премьерми УФ-м и Правительствэми фIыщIэ яхуи­щIащ щIыналъэм къыхуащI гулъытэм, зэрызыкъыщIа­гъакъуэм папщIэ. УФ-м и Правительствэм и ГъэтIылъыгъэ фондым щыщу мэкъуауэ­гъуэм и кIэм республикэм ­сом мелуан 200 къызэрыхущIа­гъуам Iэмал къитынущ иджыри гъуэгу километр 16 зэрагъэпэщыжынымкIэ. Ап­хуэ­дэуи, лъэпкъ проектыр гъэ­зэщIэным  республикэ  бюджетым щыщу сом мелуан 285-м щIигъу хухахащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэ­гухэр щыухуэным 2021 гъэм инвестицэу куэд ­ды­дэ къыхалъхьащ. Гъуэгу километри 160-рэ мардэм изагъэу зыхуей хуэдгъэзэну ди мурадщ. Республикэр хуэ­хьэ­зырщ гъуэгухэр ухуэнымкIэ къалэн нэхъ иныжхэри гъэ­зэ­щIэ­ным», - жиIащ КIуэкIуэ Каз­бек.

 

Джатокъуэ Къан.
Поделиться: