Лъэпкъым и шыфэлIыфэр къэзыхутэ щIэныгъэлI

 Адыгэхэм ди тхыдэм теухуауэ къыдэкI дэтхэнэ къэхутэныгъэри, тхыгъэри, тхылъри лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, ди тхыдэр фIыуэ зэрыдмыщIэр къэплъытэмэ. Дызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ тхылъхэр нэхъыбэу къыдэкI щыхъуар 90 гъэхэм щыщIэдзауэщ. 
Псалъэм папщIэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Сокъур Валерэ, Къэжэр Валерэ, Мэрзей Аслъэнбэч, Къармэ Руслан, нэгъуэщIхэми я къалэмыпэ къыщIэкIахэр уасэншэщ. Адыгэ лъэпкъ тхыдэм куууэ хэIэбэфауэ къысщохъу зи цIэ къисIуа щIалэхэр.  
Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэмкIэ и институтым и щIэныгъэлI нэхъыжьу лэжьа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, си студентэгъуу щыта, фIыуэ сцIыху икIи ныбжьэгъу лъапIэу къэслъытэ Мэрзей Аслъэнбэч и къалэмыпэ къыщIэкIа тхылъышхуэрщ фызыщызгъэгъуэзэнур. Ди тхыдэм и пэжымрэ лъэпкъым къигъэщIа хабзэ телъыджэхэмрэ куууэ япэу хэIэба щIэныгъэлI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и щапхъэр гъуазэ зыхуэхъуахэм ящыщщ Аслъэнбэч.  
 
Иджы дыдэ абы къыдигъэкIа «Генезис и эволюция традиционной военной культуры черкесов» тхылъым къаруушхуэ ирихьэлIащ. Езы тхылъри ин дыдэщ. Куэд къызэщIеубыдэ. Ар фIыуэ хоIэбэ курыт лIэщIыгъуэхэм ди лъэпкъым и псэукIам. Ипэ сищынщи жысIэнщ - уи щхьэ лъагэу щIэплъагъужын щапхъэ куэд итщ тхылъым.   Ди адэжьхэм зэхэтыкIэ дахэ зэраIар IупщIу къегъэлъагъуэ, ауэ жиIэ къудей мыхъуу, нэрылъагъу пщещI лъэпкъыр зыр адрейм пщIэ хуищIу, цIыхур зэрыцIыхур илъытэу зэрызэдэпсэуар.  А псори сэ мы тхыгъэ мащIэм схуигъэхуэнкъым, ауэ сигу нэхъ зыхьэхуар е нэхъ сигу къеIар жысIэнщ.  
Лъэпкъыжьщ адыгэхэр, илъэс минитху, миних нэхъыбэ зи ныбжьхэм ящыщщ. Мэрзейм къищтэр ди эрэм и курыт лъэхъэнэрщ. Адыгэхэр Азиемрэ Европэмрэ я зэхуаку диубыдэ Кавказ щIыналъэм исщ. Ар абыхэм я гъуэгу зэблэкIыпIэу зэрыщытым къыхэкIыу я щIыналъэр яхъумэжын хуейуи къахудокI. ЩIэныгъэлIым узыхуишэ гупсысэр хьэлэмэтщ. Псалъэм папщIэ. Аслъэнбэч къищтэр зекIуэлI Iуэхуращи, абыкIэ цIыкIу-цIыкIуу зэпкърыхауэ дегъэлъагъу лъэпкъ гъащIэр. АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ апхуэдизу зэхэшыпсыхьащи, зым и закъуэкIэ я дуней тетыкIэр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. Ар фIыуэ къиIуэтащ щIэныгъэлIым. Къащтэ зауэлIыр. Ар къызэрыгуэкI цIыхуу къэралыдзэм хэту, къэрал унафэ игъэзащIэу псэу цIыхукъым. АдыгэлIыр цIыху щхьэхуитщ, хэкур зэрихъумэжыным езым и гупсысэкIэ, и Iуэху зехьэкIэ хуиIэжу. Хамэ къэралхэм къикIыу зыплъыхьакIуэ, тIасхъэщIэх, сатуущI е нэгъуэщI мурадкIэ къэкIуахэм абы теухуауэ ятхахэр зэтохуэ. Адыгэхэр цIыху гу къабзэщ. Европэмрэ Азиемрэ щыпсэухэм я гъуэгу зэблэкIыпIэу, я зэпыщIапIэу Кавказыр зэрыщытыр къагуроIуэри, абыхэм зэран яхуэхъукъым, атIэ щапхъэ телъыджэхэр ирагъэлъагъу. Къэтщтэнщ, хьэщIэщ, хьэщIагъэ жыхуаIэр. ХьэщIэщым теухуауэ куэд ятхауэ щыIэщ. Кавказым щызекIуахэм къыхагъэщ адыгэхэм я хэкум уихьа нэужь шынагъуэ щымыIэу узэрыщызекIуэр. Шынэртэкъым яхъунщIэнкIэ, яукIынкIэ, атIэ ар хьэщIэу ябжырти, абы зыгуэр къыщамыгъэщIын папщIэ, уеблэмэ езыхэм я щхьэр халъхьэну хьэзырт. ЗекIуэлIыр зауэлIу арати, и пщIэр лъагэт, къилэжьыжым хуэдизкIэ. Зэуэн хуей хъуми, бзаджагъэ, хьилагъэ жыхуэпIэхэр къигъэсэбэпыну и щхьэ трилъхьэртэкъым. И бийм пщIэ хуищIу езэуэнут. Дэтхэнэ зыми Iэмал иратт зихъумэжыну, и щхьэ хуэфащэ пщIэр къилэжьыжыну. Ар наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ Мэрзейм и тхылъым.  Языныкъуэхэм и деж тхылъым еджэныр зэпыбгъэууэ уегупсысын хуей мэхъу: апхуэдэ лъэпкъ дахэм мыхъумыщIэу хужаIахэр къыздрахари дэнэ, къэзыгупсысыфари хэт?
Курыт лIэщIыгъуэхэм псэу ди адэжьхэм я тхыдэр къыщигъэлъагъуэкIэ, ар блэкIыфынутэкъым Урыс-Кавказ зауэми.  Абы щыгъуэми адыгэлIым зауэр къигъэсэбэпкъым хьилагъэ хилъхьэу, сыт хуэдэ Iэмалри къэбгъэсэбэп хъунуи къилъытэххэркъым. ЗыпэщIэт бийм и сэлэтыр бэлэрыгъауэ иукIкъым, ар Iэщэншэмэ, еIусэркъым. Зауэм щыIэ хабзэми лIыгъэрэ напэрэ хэлъын зэрыхуейр и гъащIэм и купсэщ. Ар ди щIэныгъэлIхэм къагупсысакъым, атIэ ятхыжащ езы бийхэм. Апхуэдэ тхыгъэ телъыджэхэри зы цIыхукъым зытхауэ тхылъым къыщигъэлъагъуэр. Ар я къалэмыпэ къыщIэкIащ Урысейм и дзэм хэта генералхэм, хамэщI къикIа тIасхъэщIэххэм, зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм, дипломатхэм. Абыхэм ятеухуа щапхъэри мымащIэу итщ тхылъым. 
Зауэр зауэщ, абы сыт хуэдэ Iэмалри къыщыбгъэсэбэп хъуну ялъытэ куэдым. Апхуэдащ Урысейм и дзэлI унафэщIхэри. Къапщтэмэ, генералхэм  къагъэсэбэпа Iэмалхэр адыгэлIым и щхьэ трилъхьэнкIэ Iэмал иIакъым.  Урысыдзэм и генерал бзаджащIэ Вельяминовым къыгурыIуащ адыгэхэм IэщэкIэ зэрыпэмылъэщынури илэжьар хьэдэгъуэдахэщ: мэкъумэшыр, мафIэ щIадзэурэ, ягъэсу, къэзакъыдзэхэр хаутIыпщхьэурэ зэхрагъэутэу, хуежьащ. Iэщым хуагъэтIылъа мэкъумылэри ягъэсырт, губгъуэм хъуакIуэу ит, зи бзэ мыпсалъэ Iэщыр зэтраукIэрт. Уз зэрыцIалэ нэгъунэ къыхаутIыпщхьэрт. Апхуэдэу илъэси 5-кIэ зэпыту гъавэхэкIхэр, мэкъумылэр, Iэщхэр Iисраф ящIыфмэ, адыгэм япэлъэщыну, къилъытэрт Вельяминовым. Хьэдэгъуэдахэтэкъэ апхуэдэ зауэр, ар зэзауэр цIыху закъуэртэкъым, атIэ зи бзэ мыпсалъэ Iэщми пэщIэтт. А щIыкIэр адыгэхэм ауи гъунэгъуу къагъэсэбэпакъым лъапсэрыхэр къахуэзыхь зауэм щыгъуи. Адыгэ напэм, уэркъ хабзэм къитIасэртэкъым а щIэпхъаджагъэ егъэлеяр. ЩIэныгъэлIым абы и зы щапхъэкъым тхылъым къыщихьыр.
ЗэуэкIэ ящIэрт адыгэхэм. Адрей къэралхэм хуэдэу дзэ хэха яIэтэкъым. Урысейм и дзэм хэтхэр Iэмалыншэу ирахулIэрт, адыгэхэм я хэку зэрахъумэжын хуейм папщIэ Iэмалыншэу зауэм Iухьэрт. А тIур зэрызэщхьэщыкIыр зыт. Япэр щIы лей щхьэкIэ зауэрт, етIуанэм - и щIыр ихъумэжырт.  А лъэхъэнэ бзаджэм хиубыда зауэлIхэм, дипломатхэм, тIасхъэщIэххэм ятхауэ щыIа, тхылъ хъумапIэхэм къыщIаха тхыгъэ куэд сэтей къищIащ тхыдэтхым. Тхылъым къыщыхьа псоми тегъэщIапIэ пэж зимыIэ хэткъым. Апхуэдэуи Аслъэнбэч хэIэбащ адыгэ лъэпкъхэм яIа псэукIэм. Къигъэлъэгъуэфащ лъэпкъхэр зэрызэщхьэщыкIыу щытари зэрызэтехуэу яIари. Нэхъыбэу Мэрзейм зи гугъу ищIыр зекIуэлIырщ, абы иIа псэукIэрщ, и дуней тетыкIарщ. ЗекIуэлIыр, зекIуэлI пашэр зыхуэдэр къыщигъэлъагъуэкIэ уемыгупсысын плъэкIыркъым фIы куэд зэрытфIагъэкIуэдам. Нобэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ абы щыгъуэ щыIауэ зэхафыщIа зэхэтыкIэ гъэпсам. Псалъэм папщIэ, зекIуэлIхэм пашэ яхуэхъункIэ хъунур лIыгъэрэ пэжыгъэкIэ ягъэунэхуа цIыхурт.  ЗекIуэ езышажьэ шу пашэм и пщэ къыдэхуэрт иришэжьахэр узыншэу, къуентхъ я куэду къришэлIэжыну. Къуентхъым щыщу пашэм нэхъыфIыр лъагъэсырт, ауэ ари езым зрилъэфэлIэну и напэ тригъахуэртэкъым, къулейсызхэм ятригуашэрт.
Мэрзейм и тхылъым, ипэкIи зэрыжысIащи, тегъэщIапIэншэу зыри щитхкъым.  Ар зытетхыхь зекIуэлIым хэлъ хьэл-щэным къыдэкIуэу къигъэсэбэп Iэмэпсымэхэри, хьэпшып зэрихьэу щытахэри, шы лъэпкъ яIахэри, уеблэмэ шы плъыфэхэри къегъэлъагъуэ.  Шы плъыфэу 30-м нэс къехь. Апхуэдэ дыдэуи адыгэхэм яIа шы лъэпкъыфIхэу 20-м щIигъум я гугъу ещI. Тхылъыр зэрытхар урысыбзэщ, абы къыхэкIыу шы Iэпслъэпсхэри, шым ехьэлIауэ къагъэсэбэпа псоми я цIэр адыгэбзэкIэ итхыжауэ  псалъалъэ щхьэхуэ мы тхылъым хэтщ. Мэрзей Аслъэнбэч и къалэмыпэ къыщIэкIа и тхылъышхуэм къыщыгъэлъэгъуа адыгэ хабзэм тетущ езым и гъащIэр зэрихьыр. А зытетхыхьахэр езымкIэ щапхъэщи, езыри щапхъэ зытепх хъун цIыху дахэщ, щIэныгъэлI къэмыланджэнщ.  Аслъэнбэч къызэрыгуэкI тхыдэтхыу пхужыIэнукъым, атIэ зытетхыхьым куууэ хещIыкI, и псэр хузэIухауэ толажьэ. Ар матхэ и адыгэ лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэм и инагъыр и лэжьыгъэм къыхэщу. 
Шафий Аслъэн
Поделиться:

Читать также: