Инджылызырщ къыщежьар

         Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар зыхуэгъэза мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къэралым нацизмэм и бжьыр щхьэщыхыныр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и  Iэужьхэр къощIэрэщIэж, СССР-р я пашэу ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щызэхапIытIа пэтми. Зэрытлъагъущи, къуэпсхэр къэнащ. Мыр удз бзаджэм ещхьщ: сыт хуэдизри ираупщIыкIми, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэфIоувэж хьэфIанэр зэрагъэтIылъу.

         Иджыри къэс куэдым къалъытэ фашизмэр Германием е Урымым (Италие) къыщыунэхуауэ. Ахэр щоуэ. И пэжыпIэкIэ абы и идеологиер къэзыгупсысар 19-нэ лIэщIыгъуэм псэуа британ философ Карлейль Томасщ. Ауэ и лэжьыгъэхэм лъэпкъ псоми ефIэкIыу щигъэувыр, дауи, нэмыцэхэртэкъым, атIэ инджылызхэрт. Ар къызыхэкIари гурыIуэгъуэт. А зэманым Лондон дунейм и зэхуэдитIыр иIыгът, абы щыпсэухэм я куцIыр къащIифыкIыу. Апхуэдэ хуитыныгъэ инджылызхэм яIэу къыщагъэхъун папщIэ ахэр индусхэм, хьэрыпхэм, негрхэм, хэбгъэзыхьмэ, ирландхэм сыт и лъэныкъуэкIи ефIэкIыу, мыдрейхэр цIыху ныкъуэу къыщIрагъэдзын хуейт. А гупсысэхэр езыхэм нэхъ къазэрезэгъым хуэдэу иужькIэ дапхъуэтащ сурэтыщI хъуну зи мурада Гитлер Адольфрэ журналист Муссолини Бенитэрэ, абыхэм я жьауэм щIэувахэм.

         1923 гъэм къызэрагъэпэща «Британием и фашистхэр» апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр пхызыгъэкI япэ инджылыз зэгухьэныгъэу щытащ. 1935 гъэм ар лъэлъэжащ, ауэ хунэсащ нэхъ инми нэхъ цIыкIуми езым ещхь гупышхуэхэр «къришын»: жылэхэр егугъуу ягъэхьэзыра щIым хэхуат.   Абыхэм ящыщу нэхъ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъу къыщIэкIар «Фашистхэм я британ зэгухьэныгъэрщ» (БСФ). Ар 1932 гъэм жэпуэгъуэм и зым Лондон къыщызэригъэпэщащ инджылыз лIакъуэлIэшхэм къахэкIа Мосли Освальд.

         Кхъухьлъатэзехуэу Япэ дунейпсо зауэм хэта Мосли цIыху ткIийт, шэрыуэу псалъэрт, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэр игъэикIэрт, коммунистхэм ятеплъэ хъуртэкъым. Консерватору къежьат, иужькIэ лейборист хъуащ, парламентым зыхригъэхащ, уеблэмэ  правительствэм министр гуэру хэтащ. АрщхьэкIэ зыри игу иримыхьу псори къигъэнащ. 1932 гъэм и щIымахуэм Муссолини хуэзащ, бжьыхьэм ирихьэлIэуи БСФ-р зэрызэхигъэхьэр жиIащ. Ар  хъуащ егъэлея  зэгухьэныгъэ жыджэр:  зэпымыууэ пэкIухэр, уэрамдыхьэхэр зэхишэрт, цIыхухэр къагъэдэIуэну хущIэкъурт. ЖыIэмыдаIуэхэр яубэрэжьут, IэштIымхэмкIэ «зыгъасэ» щIалэ зыIэщIэлъхэр зыхэт гуп щхьэхуэхэр иIэти. БСФ-р щIэбэнырт парламентым и зэфIэкIыр къагъэтIасхъэу къэралым диктатурэ щагъэувыным. 1934 гъэм и бжьыхьэм Мосли и партыр коммунистхэм я мызакъуэу журтхэми ятегуплIащ, абы къанэ щымыIэу диIыгъащ Гитлер и мурад бзаджэхэр.  БСФ-м къудамэхэр щиIэт Британием и щIыналъэхэм я мызакъуэу,  нэгъуэщI къэралхэми, абы хэтт лIакъуэлIэшхэм я деж къыщыщIэдзауэ лэжьапIэншэхэм нэс - псори цIыху мин 50-м хуэдиз.

         Мосли   хущIэкъурт фюрерым, Iэмал зэриIэкIэ,  нэхъ гъунэгъу зыхуищIыну. Фашист Iуэху еплъыкIэхэм тет Митфорд Дианэ къыщишам абы и хьэгъуэлIыгъуэм щыIащ Гитлери, Геббельси, Германием и Iэтащхьэ нэгъуэщIхэри.

         Ауэ псори къехъулIэ зэпыту къекIуэкIыртэкъым. Къыщагъэлъеи къэхъурт, ари егъэлеяуэ. Абы теухуауэ ягу къагъэкIыж 1936 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м къэхъуар. БСФ-м мурад ищIат Лондон и Ист-Энд хьэблэ мыкъулейм зыкъыщигъэлъэгъуэну. ЩIыпIэм щыпсэухэр, (абыхэм журт куэд яхэтт), хабзэхъумэхэм елъэIуащ фашистхэр ягъэувыIэну. Ар властхэм къыщыхуамыдэм Инджылызым и коммунист партымрэ журт зэгухьэныгъэхэмрэ гуащIэрыпсэухэр къыхураджащ нацистхэм гъуэгу ирамытыну. АтIэ сыт? Уэрамхэм загъэхъуу ирикIуэ нацист минищым къапэуващ фIы зигу илъ цIыхухэу минищэм нэс! Япэрейхэр кIуэцIакъухьащ полицейхэр къадэмыIэпыкъуфу. Сымаджэщхэм къыщIэхутащ цIыху 200-м нэс.

         1940 гъэм и гъатхэпэм Британием и премьер-министр хъуащ Черчилль Уинстон. Губзыгъэти, абы къыгурыIуэрт Мосли и Iумэтхэм къэралыр щыхупIэм зэрыхуашэр. Мыгувэу абы игъэуващ Инджылызым нацист зэгухьэныгъэхэр щыIэныр хабзэм емызэгъыу. Ар бзаджэнаджэхэр хэзыгъащIэ удынт. Фашист гупхэр нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ, зыкъомым загъэпщкIуащ, адрейхэр ягъэтIысащ. Иужьрейхэм яхэхуащ Мосли зэщхьэгъусэхэр. Ауэ «зыгуэрхэр» къадэIэпыкъурти, ахэр лъэхъуэщым гугъу щехьакъым. 1943 гъэм къаутIыпщыжащ «я узыншагъэр зэрымыщIагъуэм»  къыхэкIыу. Мосли партыщIэ къызэригъэпэщащ, уеблэмэ хэхыныгъэхэм хэтащ, арщхьэкIэ зыри къехъулIакъым икIи и ныбжьыр илъэс 84-м иту лIащ. Мыпсэужми, и гупсысэхэр дэзыIыгъхэр, езым и щапхъэм ирикIуэну хуейхэр къэнащ. Ахэр поплъэ я чэзур къыщысынум.

 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: