Хэкум щыхуэзэшым дыщэидэ ищIырт

Къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ пIащIэртэкъым Грозный Иван щхьэгъусэ хуэхъуну. Зэрыхуэмейр гуригъэIуэну щIэхъуэпсырти, хъыджэбзаплъэ пащтыхьым деж щашэну махуэм дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа бостей шакъафэр щитIэгъэным и пIэкIэ къащхъуафэ зыхэлъыр къыхихат. Къапщтэмэ, ар абыи зыкIи нэхъ фагъуэ щIэхъукIыртэкъым.

Гуащэнэ гукъыдэж мы Iуэхум зэрыхуимыIэм Алтыншаш гу щылъитэм, гузавэри и шыпхъу цIыкIум еущиящ: «Си нэхунэ, уэ езыр уIущыцэщ. Дауи, тыншкъым уи Iуэхур, ауэ псом япэу узэгупсысын хуейр уи лъэпкъым узэрыщхьэпэнырщ. Уарэзыуэ псалъэ птащи, абы уепцIыж хъунукъым. Кавказым пщIэ щызиIэ пщым урипхъущ, абы ухуэфэщэн хуейщ. Дуней псом и унафэщI нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым и щхьэгъусэ ухъунущ. Ар цIыху Iущщ. Куэдым ухуигъэсэфынущ. Зыщумыгъэгъупщэ пащтыхьым къыхуэна сабий зеиншитIым гулъытэ яхуэпщIын, уахуэсакъын зэрыхуейри». Гуащэнэ нэщхъейт, ауэ апхуэдэу зихъунщIэжыртэкъым, зэрыпIейтеяр щхьэщыкIат.

1561 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м Гуащэнэ чыристан диныр Успен къулъшырыфым къыщрагъэщтащ, Марие-Магдаленэ и щIыхькIэ а цIэр иратащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм Москва дэт члисэхэм я тхьэгъэуш мини 5-м я зэщIэжьыуэ макъымкIэ щыхьэрым щыпсэухэм хъыбар ирагъэщIащ урыс пащтыхь Иван IV Черкасскэ Мариерэ зэрызэрышэр. Черкасскэ унэцIэр абы иратащ, къыздикIа щIыналъэм и фIэщыгъэмкIэ.

Марие и губзыгъагъэмрэ и дахагъэмрэ и напщIэ телъти, куэдым ар къащыхъурт егъэлеяуэ пагэу. Ауэ пащтыхь гуащэр псэ мыгъуэт, нэхъ мыхьэнэншэри и гум щIыхьэу. Пэжщ, и гу пцIанагъэр абы зригъэлъагъуфыр нэхъ и гъунэгъу дыдэхэрат: и шыпхъу нэхъыжьым, и щхьэгъусэм.

Урыс пащтыхьым насыпыфIэу зилъытэжырт, псэкIэ пэгъунэгъу щхьэгъусэ игъуэтати. Марие и гуапагъэм къищынэмыщIа, пащтыхьым илъагъурт къэрал Iуэхухэми, езым иригъэкIуэкI лэжьыгъэми ехьэлIауэ адыгэ бзылъхугъэр чэнджэщэгъу къызэрыхуэхъуфынур, ар и гуапэ мыхъууи къанэртэкъым. Уеблэмэ, пащтыхьым Марие хуригъэщIат къэрал дамыгъэр тету дыщэ Iэлъын мыхъур. АбыкIэ Гуащэнэ хуитыныгъэ иритат нэгъуэщI къэралхэм епхауэ Iуэху гуэрхэр зэхигъэкIыну. Iэлъыным тетхат «Пащтыхь гуащэ Марие и мыхъур» жиIэу. Абы жыджэру Iуэху ядищIэрт Тыркум, Къэжэрым, Кърымым я пашэхэм я щхьэгъусэхэм, дэтхэнэри и губзыгъагъэкIэ къыдихьэхырт икIи яхуитххэм, къыхуатхыжхэм я фIыгъэкIэ дунейпсо щытыкIэм ахэр нэхъ щыгъуазэ хъурт, абыкIэ ар дэIэпыкъуэгъушхуэ хуэхъурт и щхьэгъусэм.

Гуащэнэ щыгъупщэртэкъым и анэшхуэ ХьэIишэт зэпымыууэ къытригъэзэжурэ къыжриIэу щыта псалъэ Iущхэр: «Дунейр зейр псом нэхърэ нэхъыбэ зыщIэрщ. Акъылыр къызыхэкIыр щIэныгъэращ. Пашэр Iущмэ, унафэр еIыгъыф».

Грозный Иван щытхъурт пащтыхь гуащэм. Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ куржы, латин, урыс, шэрджэс, тэтэр бзэхэр ищIэрт. Пащтыхьыр къэрал Iуэхухэм гуащэм зэрыхутепсэлъыхьыр къулыкъущIэхэм ящIамэ, гузэсэнт. Къапщтэмэ, пащтыхьыр Марие и Iуэху еплъыкIэм нэхъыбэрэ щIэдэIухукIэ, тепщэ гупым ящыщхэм гуащэм хуаIэ лъагъумыхъуныгъэр нэхъ ин хъууэ арат. Ар гъэщIэгъуэнтэкъым, Иван и япэ щхьэгъусэ Анастасии апхуэдэу ахэр щыхущытакIэ?!

- Си щIыбагъкIэ пцIы къыптралъхьэ. Ауэ а езы епцIыжакIуэхэр хэт арэзы зыхуэщIынур?! Си япэ щхьэгъусэми, я диным зэритми емылъытауэ, темылъ тралъхьэу щытащ. БзаджащIэхэм жаIэр си фIэщ сщIыри, Анастасие и нэкIэ илъагъуу и дэлъхур езгъэукIауэ щытащ. И нэкIэ илъагъуу мыщэм ар зэпкъритхъащ, - гущIыхьэ щыхъужауэ игу къигъэкIыжырт пащтыхьым.

Иван гукIи псэкIи фIыуэ илъэгъуат адыгэ пщащэр. Къыщишэм егупсысатэкъым апхуэдэ дыдэу ар абы дихьэхыну. Мурад пыухыкIахэр иIауэ арами, иджы Марие и дзыхь къилэжьыну, езыри фIыуэ къилъагъуну хуейт.

Гуащэнэ пащтыхь унэм тыншыгъуэ щигъуэтыртэкъым. ИщIэрт и дэтхэнэ лъэбакъуэми псалъэми къызэрыкIэлъыплъыр. Хуэзэшырт Къэбэрдейм и къуршхэм, хьэуа къабзэм, Iуащхьэмахуэ. Ауэ пащтыхьым зэман иIэтэкъым а псом ар къыхишыну. Иван щIэхъуэпсырт къэрал лъэщ иухуэну, гъуазджэ, къалэухуэ, архитектурэ я лъэныкъуэкIэ заужьыну. Ар дуней псом пащтыхь цIэрыIуэ щыхъуну хуейт, Селим Езанэм, тырку сулътIаным, и къэралыгъуэм ещхьу къару хэлъу.

- ДыкIуэнт, Марие, уи Iыхьлыхэм я лъахэм, бгыхэм, тенджызым. Сэ унафэ сщIащ абы быдапIэ щаухуэну. А щIыр дяпэкIэ дыдеинущ. Къыщызгъуэтыну пIэрэ абы пэжу къызбгъэдэтын цIыхухэр, сэрэ Урысеймрэ хуэлэжьэну? – жиIэрт пащтыхьым и щхьэгъусэм…

Дыщэнэ

Гуащэнэ и Хэкум щыхуэзэшым дыщэидэ ищIырт. И пэш блынхэм фIэлъ алэрыбгъухэр абы дыжьын IуданэкIэ хидыкIат. Абыхэм язым теплъагъуэрт Iуащхьэмахуэ и теплъэр. Псоми ягъэщIагъуэрт пащтыхь гуащэм и IэдакъэщIэкIхэр.

Ар гуапэу, щабэу ябгъэдэтт и щхьэгъусэм и бынитIми, яхуэсакъыпэт, езыри сабий иIэну пэплъэрт. Бзылъхугъэр куэдрэ егупсысырт апхуэдиз зэхэгъэжрэ зэпэщIэуэрэ здэщыIэ къэралым зыри зимылажьэ цIыху куэд зэрыщыхэкIуадэм, уеблэмэ пащтыхь быну зэрыщытми емыплъу, щхъухькIэ сабииплI зэрагъэлIам, езы пащтыхь гуащэ Анастасии апхуэдэ кIэух зэриIам. Сыт атIэ къыпэплъэр хамэ лъэпкъ къыхэкIа Марие?

Тхьэгурымагъуэу ялъытэу щыта Блаженный Василий дунейм щехыжым иужьрей дыдэу къэхъуну жиIауэ щытам пащтыхьыр зэрытегузэвыхьым щыгъуазэт Марие. Иванрэ Анастасиерэ я къуэхэр (Иванрэ Федоррэ) я гъусэу абы и деж щыщIыхьам, и псэр еджэу здэщылъым Федор къеплъри жиIат: «Укъэзылъхуахэм я щIэиныр зылъысынур уэращ. Уэращ къыкIэлъыкIуэ пащтыхьыр».

Абы жиIар къэхъуат, ауэ Гуащэнэ ар къищIэну къыхуиухатэкъым. Марие дунейм ехыжа нэужь, пащтыхьыр къызэрыгубжь хабзэм хуэдэу ирихьэлIэри, и къуэ нэхъыжьыр IэщIэукIауэ щытащ…

Мариерэ Иванрэ я къуэ Василий дунейм къыщытехьар 1563 гъэращ. Ауэ гъащIэ кIыхь иIакъым, мазитI фIэкIа мыхъуу, ар щхъухькIэ ягъэлIащ. Нэхъ и пэкIэ къуиплI щIилъхьэну къызыхуихуа пащтыхьми Марии гуауэшхуэ къытепсыхат.

Марие и гупсысэхэм гур якъузырт. Илъэси 8 дэкIащ шэрджэс пщащэмрэ урыс пащтыхьымрэ псэгъу зэрызэхуэхъурэ. Илъэсий хъуауэ урыс пащтыхь гуащэщ ар! Ауэ мащIэ хьэзаби ишэчын хуей хъуа абы, сыт хуэдиз бзаджагъэрэ гъэпцIагъэрэ и нэгу щIэкIа?! ЦIыхухэр зыхэхуэ насыпыншагъэр ядимыгъэпсынщIэфынумэ, сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэр ар зэрыгуащэм?! Куэд и щхьэм щыкIэрахъуэрт Гуащэнэ.

И дунейр кIыфI мэхъу

Пащтыхьым гупсысэ хьэлъэхэр къытегуплIэрт. И щхьэгъусэ тхьэIухудыр щIалэ дыдэу и псэр еджэу телът. Илъэс 25-рэ хъуа къудейщ. ЕтIуанэ щхьэгъусэри IэщIэкIт Иван IV. Марии ихъумэфакъым абы. Пасэ дыдэу и вагъуэр ужьыхащ. Анастасиерэ абырэ зэщхьтэкъым. Марие цIыхубз пагэт, Iущт, щэныфIэт, уечэнджэщыну нэхъыфI уигъэлъыхъуэнт. Ахэрат пащтыхьым Марие нэхъ лейуэ пщIэ щIыхуищIыр. Бзылъхугъэм и гур якIэрыпщIат Иван и бынхэми, анэ пэлъытэ яхуэхъуат: Иван илъэс 15 хъуащ, Федор - 11. Тыншу щытакъым Марие и гъащIэр. Урыс пащтыхь гуащэм и тажыр «банэу» къыхущIэкIат.

Пащтыхьыр пIэм хэлъ Марие бгъэдыхьащ, лъэгуажьэмыщхьэу хуетIысэхри, уэсят иIэмэ еупщIащ. «Лъы умыгъажэ», - къиIущэщащ Гуащэнэ.

КъыщIыхьащ Марие и дэлъху Михаил. ЩIалэ лъагэ зэкIужым зэрыIуплъэу, Марие и нэгу къыщIэувэжащ Къэбэрдейм я пщышхуэу и адэ Идар Темрыкъуэ. «Си адэм, си анэм, псоми схуажеIэж зэи ахэр зэрысщымыгъупщар» - къарууэ иIэр зэхилъхьэжри, къыдришеящ пащтыхь гуащэм.

«Мария: Черкешенка - царица русская»  тхылъым къитхыжащ.

ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: