Уней мылъкум хуагъакIуэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэпкъраха зи чэзу зэIущIэ. 

КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу ­Аслъэн игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкум щыщ уней щIынымкIэ 2023 гъэм къагъэлъэгъуа бжыгъэхэр. ­Программэм къыщыхьащ 2023 гъэм республикэм и къэрал ­мылъкум щыщ акцэ пакетитху, бгъэIэпхъуэ мыхъу ­объект 44-рэ уней щIын хуейуэ. 
- Къэрал мылъкур уней щIыным къыхэкIащ сом мел­уан  339-рэ. Абы щыщу акцэхэм - сом мелуан 220-рэ, нэгъуэщI ­мылъкуу ящам - сом мелуани 119-рэ. 2023 гъэм уней ящIащ ­акцэ паке­титI, бгъэIэпхъуэ хъу объектитI, транспорт 16. 
Мылъкур уней щIыным 2023 гъэм къыпэкIуащ сом мелуан 293-рэ. Республикэм и бюджетым абы къыпэкIуэу къыхэ­-хъуэн хуеяр процент 86,4-кIэ гъэзэщIа хъуащ, - жиIащ ми­нистрым.
ЗэхъуэкIыныгъэ халъхьащ республикэм и къэрал мылъкур уней щIынымкIэ 2024 гъэм хуэзэр хуэгъэфэщауэ зэрагъэбелджылам. Тэхъу Аслъэн къыхигъэщащ, КъБР-м и Правительствэм къы­хилъхьа проектым тету, мылъкур уней щIынымкIэ программэм иджыри акцэ пакетитI, бгъэIэпхъуэ мыхъу объект 43-рэ къызэры­хэхъуэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэр къэплъытэмэ, къэрал мылъкур уней щIыным хуэгъэфэщауэ къыпэкIуэнущ сом мелуан 228-рэ.
ЗэIущIэм къыщащтащ Налшык къалэ и муниципальнэ мылъкум хиубыдэ, зыри зыщымыпсэу, метр зэбгъузэнатIэ 548-рэ хъу унэр республикэм и къэрал мылъкум хэгъэхьэнымкIэ проектыр. Ар­  ­игъэбелджылащ Тэхъу Аслъэн. Мылъкур и нэIэ щIэтынущ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и республикэ сабий центрым. 
Республикэм и мылъку гъэтIылъам щыщ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм иратынущ. 
- 2024 гъэм сом мелуани 8,17-рэ текIуэдэнущ Кичмалкэ ­къуажэм администрацэм и унэщIэ щаухуэным, - къигъэнэIуащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. 
Правительствэм и УнафэщIым зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэ­кIыжащ къуажэм дэта администрацэр иджыблагъэ мафIэм зэри­сар, абы и пIэм нэгъуэщI кърагъэувэжын щхьэкIэ республикэм и мылъку гъэтIылъам зэрыхэIэбэр. 
ЗэIущIэм къыщащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым фошыгъу узым щыпэщIэтынымкIэ щIыналъэ программэр. Абы теухуауэ къэпсэ­лъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ ­Рустам. ЗэхъуэкIыныгъэхэр сэбэп хъунущ а узыфэр зыпкърытхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэр нэгъэсауэ ягъуэты­нымкIэ. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэкIэ за­щIэ­гъэкъуэ­нымкIэ и министр Асанов Алим зэIущIэм щигъэбелджылащ республикэм и цIыхухэм ядэIэпыкъуным теухуа проектищ. 
 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: