Щэнхабзэ

IэрыкI телъыджэхэм я дуней

Налшык дэт Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу. Абы утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я кIыщ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Радуга талантов» выставкэр. Абы ­утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр.

Иджырей библиотекэхэм къахохъуэ

Кыщпэк къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэIуахащ Бахъсэн щIыналъэм щыяпэ модельнэ библиотекэ.

Нэри пэри зыхуэху Кавказ Ищхъэрэ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и 14-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ СКФУ-мрэ кхъухьлъэтапIэмрэ, Кавказ. РФ IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.

Сытыр нэхъ Iей?

Къуажэ гуэрым унагъуэшхуэ, зэкъуэшыбэу щыпсэурт. ПщэфIапIэ закъуэм щIэмышхыкIыжыф щыхъум, я лэгъупIэмпIэхэр щхьэхуэ ящIами, пасэм хабзэу зэрыщытауэ, я адэжь пщIантIэр я зэхуэдэт.

Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ!

Сочэ къалэм щызэхуащIыжащ «Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ!» къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиадэр. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо Арт комитетымрэ «Культурный фронт России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ.
Зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Армением, Куржым, Алыджым, Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэшэн, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэм я къэфакIуэхэр. 

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм траухуэ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи истории» дерс щхьэпэр. Абы хэтащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и 1-нэ курсым, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым и 2-нэ курсым щеджэ студентхэр. 

ФIагъым пщалъэ иIэкъым

 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, адыгэбзэ шэрыуэ зыIурылъ, утыку итыкIэ дахэ зиIэ Гумэ Маринэ сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэми екIуу, къызыхуэтышэу зэфIех. 

Ди махуэшхуэм и щIыхькIэ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым макъамэрэ къафэрэ щытепщэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ. Ар ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

Дали и дамыгъэхэр

Сюрреализмым и сурэтыщI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Дали Сальвадор и IэдакъэщIэкIхэм дамыгъэхэр сытым дежи IупщIу къыхощ. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ