Щэнхабзэ

Удз гъэгъахэм я фестиваль

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утым фокIадэм и кIэхэм щекIуэкIащ удз гъэгъахэм я V фестивалыр.

Бзум уэрэд жиIэу

Бзум и уэрэд зэхихащ хэти… Ауэ хэт илъэгъуа бзум уэрэд жиIэу?! Апхуэди щыIэщ. Бзу уэрэдыр дунейм яригъэлъэгъуащ сурэттех Катрин Свобода. 2019 гъэм Audubon photography awards зэпеуэм щытекIуащ абы триха сурэт телъыджэр. Пщэдджыжьыпэм, США-м Вирджини штатым щыIэ Медоуз Хантли паркым щытрихащ сурэт щIагъуэр. Сурэтым щыдолъагъу бзуупцIэ дамэплъым бахъэ тхыпхъэхэр къызэрыжьэдэкIыр, ар хъурейуэрэ хьэуа щIыIэм зэрыхэкIуасэр. Катрин куэдрэ и ужь итащ бзум и бахъэр къызэрыщ сурэтыр трихыну. А щIыпIэм деж бзуупцIэм щытриха нэгъуэщI сурэтхэри иIэщ, Iубахъэр къимыщу.

Блын телъыджэр

Китай Блын Абрагъуэм и фIэщыгъэр китаибзэкIэ зэбдзэкIмэ, «блын кIыхь» жиIэу къокI.

Гупсысэ куукIэ гъэнщIа фэилъхьэгъуэ

Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу

СурэтыщI-модельер, дизайнер цIэрыIуэ, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща СтIащ Юрэ мы гъэм адыгэ дунейм фIыгъуэ инкIэ хуэупсащ.

IэрыкI телъыджэхэм я дуней

Налшык дэт Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу. Абы утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я кIыщ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Радуга талантов» выставкэр. Абы ­утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр.

Иджырей библиотекэхэм къахохъуэ

Кыщпэк къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэIуахащ Бахъсэн щIыналъэм щыяпэ модельнэ библиотекэ.

Нэри пэри зыхуэху Кавказ Ищхъэрэ!

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэ фокIадэм и 14-м щыщIэдзауэ щокIуэкI Москва и Внуковэ международнэ кхъухьлъэтапIэм. Выставкэр мы илъэсым и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Iуэхур къызэрагъэпэщащ СКФУ-мрэ кхъухьлъэтапIэмрэ, Кавказ. РФ IуэхущIапIэр я дэIэпыкъуэгъуу.

Сытыр нэхъ Iей?

Къуажэ гуэрым унагъуэшхуэ, зэкъуэшыбэу щыпсэурт. ПщэфIапIэ закъуэм щIэмышхыкIыжыф щыхъум, я лэгъупIэмпIэхэр щхьэхуэ ящIами, пасэм хабзэу зэрыщытауэ, я адэжь пщIантIэр я зэхуэдэт.

Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ!

Сочэ къалэм щызэхуащIыжащ «Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ!» къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиадэр. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо Арт комитетымрэ «Культурный фронт России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ.
Зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Армением, Куржым, Алыджым, Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэшэн, Адыгэ республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIахэм я къэфакIуэхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ