Удз гъэгъахэм я фестиваль

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утым фокIадэм и кIэхэм щекIуэкIащ удз гъэгъахэм я V фестивалыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хэгъэгухэм, Ставрополь крайм, Москва къикIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъэгъахэр зыгъэкIхэмрэ ягъэлъэгъуащ я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. 

ЗэгурыIуэныгъэм и утыр а махуэм щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIат: удз гъэгъа зэмыфэгъухэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкI, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр, хьэпIацIэщыгъэкIэ зэIуща цIыкIуфэкIухэр, гуащэхэр, ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр щагъэлъагъуэ жармыкIэр, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. 
ЩхъуантIагъэмр дахагъэмрэ фIыуэ зылъагъухэм а махуэм я IутIыжт! ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщ удз гъэгъахэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къызэраIэтам, зэрагъэгуфIам шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теплъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа телъыджэхэм тхыдэ гъэщIэгъуэн яIэжщ. Дэтхэнэ лэжьыгъэми гъунэгъуу бгъэдыхьэу еплъыну, зрагъэцIыхуну Iэмал яIэт. Удз гъэгъахэр зыгъэкIхэр яхутепсэлъыхьащ я удз гъэгъа лIэужьыгъуэхэм, абыхэм зэрелэжьым, зэрыкIэлъыплъым ехьэлIа я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм, удз гъэгъахэм я «хьэл-щэнхэм». Нобэ дунейм удз гъэгъа лIэужьыгъуэу 260-м щIигъу тетщ. Ахэри зыбжанэу зэщхьэщокIыж. Языныкъуэхэр жыг пэлъытэщ. СурэткIэ е видеокIэ фIэкIа узримыхьэлIэ удз гъэгъа телъыджэхэри щыIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ кIуэдыж лIэужьыгъуэхэри.
Фестивалым хыхьэу, абы и хьэщIэхэм къыхузэрагъэпэщащ киногъэлъэгъуэныгъэхэр, художникхэм я мастер-классхэр, концерт гукъинэжхэр. Псом хуэмыдэу налшыкдэсхэм ягу дыхьащ Санкт-Петербург къикIа «Саша Алмазова и Non Cadenza» джаз музыкантхэм я уэрэдхэр. Хабзэ хъуауэ, мы фестивалым унагъуэхэр, зэныбжьэгъухэр зэгъусэу йокIуалIэ, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ нэхъри зэкъуегъэувэ, гуапагъэкIэ зэдогуашэ. Зэхыхьэм екIуэлIахэм я нэгу заужьауэ, удз гъэгъа лIэужьыгъуэхэм зыхагъэгъуэзауэ, абыхэм теухуауэ щIэ куэд къащIауэ зэбгрыкIыжащ.
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: