Щэнхабзэ

Адыгэбзэм, адыгэ лъэпкъым, щэнхабзэм я псынэ

ЦIыхухэмрэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ, газетхэмрэ журналхэмрэ е нэгъуэщI зыгуэрхэм я ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъур гъэлъэпIэныр, абыхэм теухуа нэтынхэр, тхыгъэхэр гъэхьэзырыныр хабзэ дахэщ. Мы гъэм зи юбилеир тIэтахэм ящыщщ «Iуащхьэмахуэ» журналри. Адыгэ лъэпкъ литературэм и кIыщу къэплъытэ хъуну къыдэкIыгъуэр фокIадэ мазэм илъэс 65-рэ ирикъуащ. Абы щылэжьахэми, итхэр нэхъуеиншэу щIэзыджыкIхэми, зи тхыгъэ щIэх-щIэхыурэ къытехуэ тхакIуэ-усакIуэхэми хужаIэн зэракуэдыр хьэкъ тщыхъуащ къытхуатха тхыгъэхэмкIэ, телефонкIэ къытхужаIа псалъэ гуапэхэмкIэ.

Чеховым и хадэ телъыджэр

Кърымым, Ялтэ, щыIэщ урыс тхакIуэшхуэ Чехов Антон и унэ-музейр, цIыхубэр «дачэ хужькIэ» зэджэр. Абы хэтщ жыг зэмылIэужьыгъуэ куэд щыкI хадэ телъыджэ. Жыг хадэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми дахэщ.

Тхылъым и уасэр къелэжьыж

           ЩIэныгъэншэу гъащIэм узэремызэгъынур пасэу къызыгурыIуа лъэпкъхэм ящыщщ китайхэр. Тхылъхэм я пщIэр къызэраIэтыжын Iэмалым адрейхэм нэхърэ нэхъ хуэIэзэу къыщIыщIэкIари арагъэнщ.            Дэ дызэхъуапсэр, дауи, щэнхабзэм удезыгъэхьэх Iэмалхэрщ.

ЦIыху зэфIэкIыбэт

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ Республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, уэрэдус, тхакIуэ Иуан Владимир Шэмыс и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.

Лъэныкъуэ куэдкIэ ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа артистым, тхакIуэм, уэрэдусым цIыхубэм хуаIэ лъагъуныгъэр нобэр къыздэсым кIуэщIакъым. Абы щыхьэт тохъуэ и зэфIэкIым и гугъу ящIу щIэх-щIэхыурэ зэрызэхэпхыр.

Бжьыпэр зыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ

Иджырей лъэхъэнэр – ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщегъэжьарэ иужьрей илъэс тIощIыр къызэщIиубыдэу – къапщтэмэ, шэрджэс усыгъэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ пхужыIэнукъым, абы хэлэжьыхь усакIуэ нэхъыщIэхэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу. Нэхущ Мухьэмэд, Дыгъужь Къурмэн, Бемырзэ Мухьэдин сымэ дунейм зэрехыжрэ, шэрджэс усыгъэр куэдкIэ нэхъ фагъуэ хъуащ, абы и зыужьыныгъэри къэбэрдей усыгъэм хэпщIыкIыу къыкIэрыхуащ.

Макъамэм и фIыпIэмкIэ къытхуэупса композитор

Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэмрэ Краснодар краймрэ щIыхь зиIэ я артист, УФ-мрэ Адыгэ Республикэмрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм щыщу композитор IэщIагъэм япэу хуеджа, СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт (1985 гъэ), Краснодар щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессор, АР-м и Iэтащхьэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и чэнджэщэгъу, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу. 

Къуажэр зыгъэунэхуа

«Къуажэр зыгъэунэхуа» - апхуэдэу пхузэдзэкIынущ къали 163-м къыщагъэлъэгъуэну хуиту, иджыблагъэ яутIыпща «Испытание аулом» фильмыр. Нэгъуеибзэрэ урысыбзэкIэ ар щытрахащ Къэрэшей-Шэрджэсым. Мыр икIи япэ фильм кIыхьщ, а республикэм щытрахауэ.

УсакIуэпсэм и «плъэкIэр»

90 гъэхэм къэрал псом къыщыхъуа жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ, литературэ зэхъуэкIыныгъэхэм зи усакIуэцIэр къадэунэхуахэм ящыщщ МахуэлI Нарзан. Ар усэ тхылъищкIэ («Гум и пшыналъэ» (1994), «Мывэм сопсалъэ» (1997), «Усэхэр» (2001) лъэпкъ литературэм хэуващ, ауэ иужьрей лъэхъэнэхэм и усакIуэ «макъыр» нэхъ ужьыхыжащ. Апхуэдэу щытми, МахуэлIыр нэхъ усыгъэ купщIафIэкIэ, философие кууагъ зыщIэлъкIэ зи макъ зыгъэIуа закъуэтIакъуэм ящыщщ.

Афэрым, Идар!

Зэпеуэхэр

Кавказ псом щапхъэ къытрахырт

Фащэр лъэпкъ напэщ, и щэныр япэу уэзыгъэлъагъущ. Адыгэм лIэщIыгъуэ куэдым къыпхиха и фащэм тетхыхьари мащIэкъым, щапхъэ абы тезыхыу къэзыщта нэгъуэщI лъэпкъхэри нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъ фащэм и дахагъэм и закъуэкъым гу зылъыптэр, атIэ нэрылъагъущ ди япэ итахэм фэилъхьэгъуэм и плъыфэмрэ тхыпхъэмрэ гупсысэ, щIагъыбзэ куу зэрыщIалъхьар. 

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ