Макъамэм и фIыпIэмкIэ къытхуэупса композиторДифI догъэлъапIэ Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэмрэ Краснодар краймрэ щIыхь зиIэ я артист, УФ-мрэ Адыгэ Республикэмрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм щыщу композитор IэщIагъэм япэу хуеджа, СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт (1985 гъэ), Краснодар щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессор, АР-м и Iэтащхьэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и чэнджэщэгъу, «Адыгейм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Нэхей Аслъэн Къасым и къуэр 1943 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м Адыгэ Республикэм хыхьэ Джиджихьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Пасэ дыдэу адыгэ макъамэм, пшынэм, усэ тхыным дахьэха щIалэр етхуанэ классым щыщIэсым и къуэшым тыгъэ лъапIэ – гитарэ - къритат. КъыкIэлъыкIуэу пианинэм еуэу, накъырэ епщэу зригъэсащ. Абы щыгъуэ макъамэм хуеджэну триухуати, Краснодар щэнхабзэмкIэ и къэрал институтым щIэтIысхьэри, 1976 гъэм къиухащ. 1978 гъэм ар щIэтIысхьащ Тбилиси и къэрал консерваторэм и композитор факультетым. 1983 гъэм ар диплом плъыжькIэ къиухащ. 1992 - 1996 гъэхэм Адыгэ Республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщам и унафэщIу лэжьащ. 1991 гъэм щыщIэдзауэ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
|