ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ

КъБР-м и Парламентым едэIуэн щыщIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2024, 2025 - 2026 гъэхэм зыхуэдэнум теухуа законопроектым. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ ипэ илъэсхэми хуэдэу, ар цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI зыщIыну Iуэху­гъуэхэм хуэунэтIауэ зэрыщытынур. Абы жиIащ ­законопроектым КъБР-м и Парламентым и ко­митетхэм я зэIущIэхэм зэрыщыхэплъар, икIи дэф­тэрыр къыщащтэкIэ депутатхэм гулъытэ зы­хуэ­щIыпхъэу къагъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэмрэ КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэмрэ къызэралъытэнур. 
- Иужьрей илъэсхэм гъэунэхуныгъэщIэхэм ды­хэту щIыналъэм и бюджетыр дгъэзэщIэн хуей ­хъуащ. АрщхьэкIэ, абыхэми емылъытауэ, тхузэ­фIэкIащ ди экономикэр едмыгъэхуэхыу, уеблэмэ щIыналъэм езым и хэхъуэхэр иIэу, лъэпощхьэпохэр къызэднэкIыну, - жиIащ Егоровэм. - Законопроектым къыщылъытащ республикэ, къэрал Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр гъэзэщIа зэрыхъуну ахъшэри хьэрычэтыщIэхэм, мэкъумэш-фермер IэнатIэхэм, унагъуэхэм зэрадэIэпыкъунури. Абы хэтщ автомобиль гъуэгухэр ухуэнымрэ зэрагъэпэщыжынымрэ, егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, спортымрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ ­IэнатIэхэр зыхуей зэрыхуагъэзэнур. Утыку къитхьа законопроектыр зытещIыхьа мылъкум и процент 64,5-р (сом мелард 35-рэ мэхъу) тещIыхьащ цIыхухэм, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэхэм защIэгъэкъуэным. Республикэм и бюджетым щыщу сом меларди 4,7-рэ хуха­хынущ лэжьапIэншэхэм я медицинэ страхова­нием. Ипэ илъэсхэми хуэдэу, республикэм дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхухэр зэIузэпэщу зэрыпсэун, абыхэм егъэджэныгъэмрэ я узыншагъэр зэры­рагъэфIэкIуэнымрэ пщIэншэу зэрыIэрагъэхьэну Iуэхугъуэхэм елэжьынырщ. Къыхэзгъэщыну сы­хуейт законопроектым къызэрыщыгъэлъэгъуар Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхухэм хэтхэмрэ абыхэм    я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъэкъуэнури. Респуб­ликэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр сыт щы­гъуи хьэзырщ мыпхуэдэ пщэрылъхэр щIыналъэ унафэщIхэм яхуэгъэзэщIэн папщIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэну илъэсищым иIэну социально-экономикэ зыужьыныгъэр зы­хуэдэм зэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев ­Борис. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэм къилэ­жьым (ВРП) хэхъуэным хэлъхьэныгъэфI хуэзы­щIыну IэнатIэхэм ящыщщ мэкъумэшыр (сом мелард 15,8-рэ къыхуихьыну траухуэ), сатур (сом мелард 12,8-рэ), ухуэныгъэр (сом меларди 9,5-рэ).
КъБР-м финанс IуэхухэмкIэ и министр Лисун Еленэ жиIащ 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и хэхъуэхэр сом мелард 50-м зэрыщIигъунур. ХуэгъэкIуатэ зиIэ цIыху щхьэхуэхэм зэрызыщIагъа­къуэ ахъшэхэр ирикъуу ягъэзэщIэнущ. Минист­рым къызэригъэлъэгъуамкIэ, а Iуэхухэм те­кIуэдэнущ республикэм къигъэсэбэпыну и мурадым и процент 24-рэ (сом мелард 13).
- 2024 гъэм республикэм и хэхъуэр сом мелард 50,7-рэ хъунущ, 2025 гъэм - сом мелард 43,3-рэ, 2026 гъэм - сом мелард 44,4-рэ. Налогымрэ нэ­гъуэщI хэхъуэхэмрэ 2024 гъэм сом мелард 18, 2025 гъэм - сом мелард 19,6-рэ, 2026 гъэм сом мелард 20,5-рэ хъунущ. Налог хэхъуэхэр, ипэ илъэс­хэм хуэдэу, нэхъыбэу къыпэкIуэнущ НДФЛ-м, акцизхэм, мылъкум щхьэщатыкIым. Зымыгъэзэж хэхъуэхэр 2024 гъэм сом мелард 32,8-рэ хъуну ­тыдоухуэ, 2025 гъэм - сом мелард 23,8-рэ, 2026 гъэм сом мелард 23,9-рэ, - жиIащ Лисун Еленэ. 
Министрыр къытеувыIащ федеральнэ ахъшэ хэхахэр зэрытрагуашэми. Апхуэдэу субсидие ахъшэр 2024 гъэм сом мелард 13,8-рэ хъунущ. Абы щыщу сом меларди 4,2-р пенсэ ахъшэм ­щIыналъэм дыщIигъум хухахынущ, курыт еджапIэхэм нэхъыбэ щIэхуэу къызэгъэпэщыным - сом меларди 2,9-рэ, мэкъумэш ерыскъыхэкIхэмрэ хьэпшыпхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэм защIэгъэкъуэ­ным - сом меларди 2-м щIигъу, республикэм и школхэм сабийхэр щыгъэшхэным - сом мелуан 576-рэ, «КИФЩI-м зегъэужьын» программэм хы­хьэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным - сом мелуан 532-рэ.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парла­ментым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил, КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ, Урысейм и УФНС-м и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и уна­фэ­щIым и къуэдзэ Акаевэ Светланэ сымэ.
Депутатхэр щIэупщIащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм республикэм ­бюджетым къыхуахьыр зыхуэдизым, транспорт налогым щIыхагъахъуэ щхьэусыгъуэхэм, урысей тыкуэнхэм я къудамэхэр щIыналъэм куэду къы­зэрыщызэIуахым и фIагъхэмрэ щыщIэныгъэхэмрэ, нэгъуэщIхэми. 
Къэпсэлъахэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэлъытауэ, ягъэзэщIэн хуейхэр зэIущIэм щагъэбелджылащ. КъБР-м и Правительствэм къыхуагъэлъэгъуащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIауэ хэ­хъуэхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейр, НалогымкIэ федеральнэ IэнатIэм и щIыналъэ къудамэм - налогхэмкIэ щIыхуэхэр къыхэхыжыным теухуауэ ­IэмалыщIэхэр къилъыхъуэну. Дэфтэрым адэкIи елэжьынущ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: