КъэкIуэнум дызэреплъ нэ

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр мы дакъикъэхэм иухащ. Сыт щыгъуи xyэдэу къэрал Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэм нэхъыщхьэу къыщыхигъэщащ ди зыужьыныгъэр зыхуэдэнур, абы дызэрыхуэкIуэну Iэмалхэмрэ гъуэгухэмрэ. Апхуэдэуи унафэщIхэм, цIыхубэм къапэщылъ къалэнхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэр игьэбелджылащ, Правительствэмрэ  Парламентымрэ япэ ирагъэщу зэлэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэр наIуэ къищIащ.

ЗэIущIэ убгъуам хэтащ депутатхэмрэ сенаторхэмрэ, Правительствэм щыщхэр, Конституцэ судым, Суд Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым я унафэщIхэр, прокурор нэхъыщхьэр, ХэхакIуэ комиссэм, Къэзыбж палатэм я пашэхэр, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Къэрал Советым хэтхэр, хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ хабзэубзыху органхэм я унафэщIхэмрэ, политикэ, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. Мы гьэм кърагъэблэгъат хамэ къэрал хьэщIэхэр, уеблэмэ, димыныбжьэгъу къэралхэм щыщ журналист зыбжани щыIащ. Къызэхуэсахэм куэду яхэтащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэр.

Путин Владимир и псалъэм и пэщIэдзэм къыхигъэщащ илъэс къэс екIуэкI Зэрызыхуагъазэр «къэкIуэнум дызэреплъ нэуэ» зэрыщытыр.

- ПщIэ зыхуэсщI сенаторхэ, Къэрал Думэм и депутатхэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ! Нобэ дызытепсэлъыхьынур зэман гъунэгъум дгъэзэщIэн хуей къалэнхэм я закъуэкъым атIэ, къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, зыужьыныгъэр къытхуэзыхьыну къэслъытэ Iуэхугъуэхэр зэпкърытхынущ. Къэзгъэлъэгъуэну къалэнхэр къызыхэсхар щIыналъэхэм сыщыщыIам слъэгьуахэрщ, инженерхэм, дохутырхэм, егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, волонтерхэм, бынунагъуэшхуэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, фронтым Iут лIыхъужьхэм, доброволецхэм, сэлэтхэм, офицерхэм сащыхуэзам къызжаIахэрщ. Апхуэдэ зэIущIэхэм сыт хуэдэ IэнатIэми цIыхухэр зыхуэныкъуэныкъуэхэр наIуэ къащI. Гупсысэ щхьэпэхэр щызэхэсхащ жылагъуэ зэхыхьэхэм, форум зэмылIэужьыгъуэхэм. Нобэ утыку къисхьэну проектхэмрэ къалэнхэмрэ лъабжьэ яхуэхъуар ди цIыхубэм я жэрдэмхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэщ. Ахэр псори гъащIэм хэтпщэфынущ дызэдэлажьэмэ, - жиIащ и Зыхуэгъэзэныгъэм и пэщIэдзэу Путин Владимир.

Дауи, япэ фIыщIэ псалъэр зылъигъэсар Украинэм щыIэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэщ. СВО-м хэкIуэдахэмрэ абы и ветеранхэмрэ защIэзыгъакъуэ Къэрал фондым и лэжьыгъэр дяпэкIи зэрырагъэфIэкIуэнур игъэбелджылащ.

Зэрызыхуагъазэм теухуа зэхыхьэм хэтхэр зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ дзэ Iуэхум хэкIуэда ди сэлэтхэм, Донбассым щыпсэууэ я хэку зыхъумэу яукIахэм.

Къэрал унафэщIым дяпэкIэ хэкум и зыужьыныгьэр зыхуэдунэтIын хуей лъэныкъуэхэр къыхигъэщащ. ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм теухуа программэр гъэзэщIа зэрыхъум, экономикэм и технологие къарур зэрефIакIуэм, унагъуэмрэ сабийхэмрэ къэралым зэрызащIигьакъуэм хухэх мылъкур нэхъыбэ дыдэу хагъахъуэхэм зэрьпцыщым, курыт еджапIэхэмрэ щэнхабзэмкIэ унэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным теухуа программэ ин зэрагъэзащIэм, ДНР, ЛНР, Запорожье, Херсон областхэр зэфIэгъэувэжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIынум, туризмым зэрызрагьэужь щIыкIэхэм, медицинэ, спорт, мэкъумэш, щIэныгъэ, егьэджэныгъэ, щэнхабзэ унэтIыныгъэхэм щалэжьхэм убгьуауэ къытеувыIащ Iэтащхьэр.

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: