Адыгэм и блэкIа жыжьэр

Адыгэхэмрэ ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэмрэ я тхыдэр илъэс мин бжыгъэ мэхъу. Абы и щыхьэт нэхъыщхьэщ ­ди бзэмрэ (макъыбзэ) ди хабзэмрэ нэхъ жьы дыдэхэм, нэхъ гу­гъухэм зэрыхабжэр. КъищынэмыщIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта, адыгэ хабзэ къекIум хуэдэ лъэпкъым зэригъэпэщын папщIэ, зэман кIыхькIэ яубзыхуа, ягъэфIа, яджа лъабжьэ уиIэн хуейщ. 

Мывэ лъэхъэнэ жыжьэм (илъэс мелуани 2,5-кIэ узэIэбэкIыжмэ) лъандэрэ Кавказым цIыху щыпсэуащ. Ар къагъэнэIуащ абыхэм ­щтаучымрэ базальтымрэ къыхащIыкIа Iэмэпсымэу мы щIыпIэхэм къыщыщIахыжахэм. Пасэрейхэр щакIуэт, гуп-гупу псэурт, бгъуэн­щIагъхэм щIэст. Лабэ псыхъуэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ щыхьэт тохъуэ лъэхъэнэ жыжьэу цIыхум мафIэр зэщIигъанэу зыщригъэсам, ар къигъэсэбэпурэ нэхъри зэры­зиужьам. 
Кавказ псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэт 1955-1957 гъэхэм Бахъсэн аузым къыщагъуэта, мывэм къыхэщIыкIа Iэмэпсымэхэр. Ахэр щыхьэт техъуащ цIыху зыужьыныгъэм и къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэм - мывэ лIэщIыгъуэщIэм - Бахъсэн и Iэхэлъахэм цIыху зэрыщыпсэуам. «Сосрыкъуэ и бгъуэнщIагъ» зыфIащар нэхъ куууэ щаджам белджылы хъуащ ищхьэ мывэ лъэхъэнэм и кIэм къы­щыщIэдзауэ абы мызэ-мытIэу цIыху зэрыщыпсэуар. Мыбы щэнхабзэ къатышхуэ щызэтелъхьат, кхъуэщынхэкIхэр щIыным ипэкIэ, цIыхум илъэс ми­ни 10 - 12-м къриубыдэу къигъэщIам теухуауэ. Щтауч шабзэпэм, ­къупщхьэм къыхэщIыкIа сэхэм, шабзэхэм, хьэкIэк­хъуэкIэхэм (щы­хьым, мэзыкхъуэм, мэзбжэным) я къупщхьэхэм ­къагъэлъагъуэ ­бгъуэнщIагъым щIэсахэм щэкIуэным мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытар. 
Апхуэдэ мывэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа Iэмэп­сы­мэжь­хэр къыщагъуэтащ Шэджэм Ипщэм пэгъунэгъуу, Кэнжэ псы Iуфэм, нэгъуэщIхэми.
Неолит кIасэм (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс мини 3-4-кIэ узэ­IэбэкIыжмэ) Кавказ Ищхъэрэм и курыкупсэм цIыху зэрыщып­сэуам и щыхьэтщ 1930 гъэхэм Налшык и Iэхэлъахэм къыщагъуэ­тыжауэ щыта «Iэгъуэбэч жылэр». Ар мейкъуапэ щэнхабзэм щыщу жаIэ. А пасэрей жылэжьыр зытеса Iуащхьэр щаджам абы къыщIахыжащ Iэмэпсымэ зэхуэмыдэхэр. Мыбы къыщагъуэтат мывэ джыдэ гъэджэфахэр, зэрытхъунщIэ Iэмэпсымэхэр, сэ, то­къумакъ, убалъэ зэ­мы­лIэу­жьы­гъуэхэр, япэ дыдэу цIыхум ищIыну зи ужь ихьа, ятIагъуэ ­хьэкъущыкъу къуабэбжьабэхэр, нэгъуэщIхэри. Абдеж щысахэр щакIуэу, ерыскъыпхъэ къэкIыгъэхэр зэхуахьэсу щытауэ къыщIэкIынущ.
Домбеякъ пасэ лъэхъэнэм Кавказым щыпсэуахэм зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Гъуаплъэ-домбеякъ лIэщIыгъуэм Кавказым щып­сэуа­хэм къащIащ нэгъуэщI цIыху лъэпкъхэр хы адрыщIымкIэ, къуршым и ипщэ нэкIумкIэ зэрыщыIэхэр, икIи абыхэм япыщIа хъуат. ЦIы­хум и зыужьыныгъэм апхуэдэуи сэбэп хуэхъуащ гъущI куэду зыщIэлъ щIыпIэхэр езы Кавказым пасэу къыщахутэу къагъэсэбэпу зэрыщIадзар.
1897 гъэм урыс археолог Веселовский Николай Мейкъуапэ и ­гъунэгъуу къыщигъуэтат кхъэжь гуэр. Абы зы лIыщхьэмрэ и фызхэмрэ я хьэдэкъупщхьэхэр щIэлът. Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэри къыщагъуэтат абы. Псалъэм папщIэ, дыщэ тхьэпэхэр, тхьэгъухэр, быж­хэр, гъуаплъэ шыуанхэр, нэгъуэщIхэри. А Iэмэпсымэхэр домбеякъ лъэ­хъэнэжьым (ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэси 3500-рэ) щащIат.
Мейкъуапэ къэралыгъуэ фIащащ апхуэдэ къэхутэныгъэхэр куэду къыщагъуэта щIыпIэм: Псыжь лъэгу къыщыщIэдзауэ, Тэмэн хытIыгуныкъуэм нэс. Археологхэм зэрыжаIэмкIэ, Мейкъуапэ къэ­ралыгъуэр иджырей бгырыс къуажэхэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу зэхэсащ. ЦIыхубзхэр щIым елэжьырт мывэм, бжьакъуэм къыхэщIыкIа фIанэхэмкIэ. ФIыуэ зиужьат кхъуэщын гъэжьэным. Пэжщ, фIы дыдэу къайхъулIэу пхужыIэнутэкъым, ауэ зэрыIэбэн, ерыскъыр зэрахъумэн кхъуэщын къызэрыгуэкI ящIырт. Нэхъ зыхуэIэкIуэлъакIуэр мывэм елэжьынырт, ауэрэ хъарзынэ дыдэу гъущIми зы­хуейхэр къыхащIыкI хъуат. 
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс 1300-хэм и кIэм Кавказ Ищхъэрэм и гъущIхэкIхэр дуней псом щыцIэрыIуэу, кхъухькIэ хы Iуфэм Iуашу щытащ, апхуэдизкIэ Iэзэ хуэхъуат гъукIэнми: джыдэхэмрэ фIа­нэ­хэмрэ ягъэжырт, Iэмэпсымэ пIащIэхэр - бдзыхэр, сэхэр, къамэхэр - ягъэжа нэужь аргуэру щIауIукIыжырт.
А лъэхъэнэ жыжьэм (ди эрэм ипэкIэ 2500-2400 гъэхэм) адыгэр къызытехъукIыжа хьэтхэм ящыщ гупышхуэ Кавк­аз къуршым щхьэдэхыу, хы адрыщI къэралыгъуэшхуэ къызэрагъэпэщауэ зэры­щытам шэч къытрахьэжыркъым щIэныгъэлIхэм. Хьэтхэм я зэманым дунейпсо утыкум щаIыгъа увыпIэм, щаIа пщIэм, зэрахьа лIыгъэмрэ къарумрэ щыхьэт техъуэ гъущIынэтхымрэ фэеплъхэмрэ щIэлъщ Азиемрэ Европэмрэ я музей нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм. Европэми, Азие­ми, Африкэми, КъуэкIыпIэми я тхы­дэ­щIэри гъэнщIащ а щIы­налъэ­хэм адыгэхэм щагъэхъа Iуэху­ш­хуэ­хэмрэ щагъэлъэгъуа зэ­фIэкIымкIэ. ЛIыгъэм, хабзэм, щIыхьым, нэмысым, гъэсэныгъэм, Iущыгъэм, дахагъэм я щапхъэу, адыгэ лъэпкъым къыхэжаныкIа къу­лыкъущIэхэм, унафэщIхэм, зауэлI хахуэхэм, пщы лъэрызехьэхэм, пащтыхь гуащэ щэныфIэхэм, щIэныгъэлIхэм дропагэ нобэр къыздэсым. 
Фырэ Анфисэ. 

Поделиться:

Читать также: