ЗэIущIэхэр

ГъэсакIуэм игъуэтыпхъэ гулъытэм теухуауэ

КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ­комитетым иджыблагъэ зэIущIэ щригъэкIуэ­-кIащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэм. Ар теухуауэ ­щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэ ­IэнатIэмрэ щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ гъэсакIуэм щиIэ мыхьэнэм зе­гъэу­жьыным.

Мэкъумэш IэнатIэр къапщытэ

2023 гъэм республикэм щекIуэкIыну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрызыхуагъэ­хьэзырым щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, пIалъэр къэса нэужь, а Iуэхур депутатхэм комитетым щызэпкърах. 

Япэ игъэщыпхъэхэр

КIуэкIуэ Казбек бэрэжьей кIуам иригъэкIуэкIа «муниципальнэ сыхьэтым» Iуэхугъуэ зыбжанэм щытепсэлъыхьащ. Абы хэтащ республикэм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ я Iэтащхьэхэр. 

Къэрал экономикэм и лъабжьэр къызэтещэхакъым

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил гъэ къэс, хабзэ хъуауэ, Къэрал Думэм и депутатхэм я пащхьэ ирелъхьэ блэкIа илъэсым къриубыдэу къэралым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ къэ­кIуэнум тещIыхьа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къызыхэщ доклад. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  а къэпсэлъэныгъэм щыпэджэжащ и телеграм-каналым: 

Къалащхьэм и псэукIэм зыщегъэгъуазэ

КъБР-м и Iэтащхьэм Налшык къалэ и лэжьакIуэ пэрытхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэр къыщызэIуихым, псом япэу фIыщIэ яхуищIащ зауэ Iуэху хэхам ­къахуигъэув къалэнхэр ягъэзащIэу дзэм къулыкъу щезыхьэкIхэмрэ абы­хэм я унагъуэ­хэмрэ яхуэфэщэн гулъытэ зэрыхуа­щIым папщIэ. «ФIыщIэ яхузощI Iэщэ яIыгъыу нобэ ди мамырыгъэр зыхъумэ щIалэхэр, лIы­хъужьхэр зыгъэса адэ-анэхэм. Те­кIуэныгъэр дэращ къэзыхьынур», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. ЩIыналъэм и УнафэщIым къыхигъэщащ УФ-м и Президентым и пщэрылъхэм япкъ иткIэ, зауэ Iуэху ­хэхам хэтхэу дзэ къу­лыкъур езы­хьэкIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зыхуэныкъуэ дэIэпы­къуныгъэхэр ятыным телэжьэну зэгухьэныгъэ республикэм къызэрыщы­зэрагъэпэ­щынур.

ЯхузэфIэкIам хоплъэжри, къапэщылъхэр яубзыху

 Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэ екIуэ­кIащ. Ар теухуауэ щытащ республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм 2022 гъэм яхузэфIэкIар къэп­щытэжыным, дызэрыт илъэсым къриубыдэу къапэщылъ къалэнхэр убзыхуным. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, муниципальнэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, театрхэм, концерт IуэхущIапIэхэм, музейхэм, библиотекэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм, методикэ центрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, нэгъуэщI щэнхабзэ IуэхущIапIэ куэдми я унафэщIхэр.

ГъущI гъуэгу вокзалым и къэкIуэнур

Налшык дэт гъущI гъуэгу вокзалым и гупэм къилъ утыкур зыхуей зэрыхуагъэзэнум и про­ектышхуэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэIущIыIу ищIащ. ЩIыпIэр зэра­хъуэ­жыну щIыкIэм и теплъэр республикэм и УнафэщIым кърилъхьащ и телеграм напэкIуэцIым.

ЩIыналъэ унафэщIхэр зочэнджэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Ипщэм и субъектхэм я муниципальнэ щIыналъэхэм я ЗэзыгъэуIу Советым Налшык къалэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм. ЩIыналъэ зэхуаку зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтын папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Адыгей Республикэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм, Кърым Республикэм, Ингуш Республикэм, Дагъыстэн Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Къалмыкъ Республикэм, Шэшэн Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Астрахань, Волгоград, Ростов областхэм, къалэ-лIыхъужь Севастополь я лIыкIуэхэр.

Къэралым и Iэтащхьэм къызэригъэувам тету

Республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и унафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Пар­ламентым и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Депутатхэр абы щыхэплъащ Iуэху зэмылIэу­жьыгъуэу тIощIым нэблагъэм. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр