ЗэIущIэхэр

Парламент зэдэлэжьэныгъэм хыхьэу

УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур хэтащ СНГ-м щыщ къэралхэм я парламентхэр зыхэт ассамблеем (МПА) политикэ Iуэ­ху­хэмрэ дунейпсо зэдэ­лэ­жьэныгъэмкIэ зэпымыууэ щыIэ и комиссэм и зэIущIэм.

Си къалэ дахэ

Иджыблагъэ ирагъэжьащ «Си къалэр си Iуэхущ» зи фIэщыгъэ II урысейпсо зэхьэзэхуэр. Ар екIуэкIынущ гъатхэпэм и 14-м къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 1 ­пщIондэ. 

Ягъэпажэ

Мэлыжьыхьым и 6-р УФ-м и МВД-м и следственнэ ор­ганхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Мы гъэм илъэс 60 ­ирикъуащ а IэнатIэр къызэ­рызэрагъэпэщрэ. 

ЩIалэгъуалэ палатэм хэтынухэр къыхах

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэ­гъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм. 

Къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуагъазэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэху­гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

Депутатхэм зауэ Iуэху хэхам хэтхэм зыщIагъакъуэ

Дзэм къулыкъу щызыщIэхэу зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр нобэ КъБР-м и Парламентым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Хабзэубзыху IэнатIэм и депутатхэм абыхэм аргуэру хурагъэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ: гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм папщIэ дзэ Iуэхум хухэха щыгъынхэр, щыжейкIэ зыхуэныкъуэну хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщI куэди. 

ЩIэблэм я хуитыныгъэхэмрэ унагъуэ лъапIэныгъэхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Сабийм и хуитыныгъэ­хэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ. НыбжьыщIэхэм я къащхьэщыжакIуэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и пащхьэ щищIащ 2022 гъэм зи пашэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэмрэ ятеухуа доклад шэщIа. 

ТекIуэныгъэм и ныпыр уардэу яIэт

Совет цIыхубэм Хэку зауэшхуэм Те­кIуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс ­78-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыхалъхьа «Ди Хэкушхуэ» зи фIэщыгъэ дунейпсо хэкупсэ Iуэхугъуэр щIыпIэ куэдым щрагъэкIуэкIащ. Налшык къалэ дэт ЩIы­хьым и Мыужьыхыж мафIэм дежи жэрдэмым ипкъ иткIэ иджыблагъэ пэкIу щызэхэтащ.

Узэкъуэтмэщ терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щыпхуэгъэкIуэдынур

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и У­ФСБ-м Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щи­Iэ къудамэм и унафэщI Громушкин Пётр иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ террорист щIэпхъаджагъэ къэхъуну шынагъуэ зэрыщыIэмкIэ жылагъуэм хъыбар егъэ­щIэ­ным, терроризм щымыгъэIэ­ным Iэмалхэр къыхуэгупсы­сыным.

Сабийхэм я псэкупсэ щытыкIэр ягъэнэхъапэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэгъэув IэнатIэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмкIэ и комитетым Сабий стадионым зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ тэмэму гъэса хъунымкIэ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ягъэзащIэ къалэнымрэ абы и мыхьэнэмрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ, суд къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэу Пар­ламентым щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, спорт школхэм я унафэщIхэмрэ гъэса­кIуэ­хэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр