ЗэIущIэхэр

Зэрызыхуагъазэм къыщыгъэлъэгъуахэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и ­хабзэубзыху орган нэхъыщ-хьэм и Президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым Зэрызы­хуи­гъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ, зэ­рылэжьэну планыр. 

Лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр толажьэ

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ ще­кIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэхуаку зэгу­ры­Iуэныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъынымкIэ хъы­барегъащIэ IэнатIэхэм ягъэзащIэ къалэным. 

IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Егъэджэныгъэ хэха щрагъэгъуэт, фейдэ къегъэщIыным емыпха «Iуащхьэмахуэ» корпоратив университет» IуэхущIапIэм и КIэлъыплъакIуэ советым хэтхэм я япэ зэIущIэр. 

ЦIыхубэм нэхъ япэгъунэгъу IэнатIэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ ЩIыпIэ самоуправленэм зегъэужьынымкIэ совету УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэм и зэхуэсым. Видео зэ­пыщIэныгъэ мардэм тету къызэрагъэпэща зэIущIэр ирырагъэхьэ-лIащ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм. 

Зи пIалъэ имыкI

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр «Зи пIалъэ имыкI» фэеплъ пэхуэщIэм (проектым) епхауэ зэрыхэгъэгуу зэдащIэ Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыным иужь ихьащ. ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм цIыхубэм къахуихьа гузэвэгъуэхэр къэзыша щхьэусыгъуэхэм щхьэихауэ тепсэлъыхьыным, цIыхур зыщыщ лъэпкърэ зэрихьа дин елъытауэ гъэкIуэдыныр гупсысэ тегъэщIапIэ зыщIа идеологиер зэпкърыхыным теухуауэ зэрыхэгъэгуу зыуэ щыт Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ. Абыхэм языхэзщ мы махуэхэм щыхьэр еджапIэшхуэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэри.

ЗэIузэпэщыныгъэм и гъуэгукIэ

КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­мунальнэ хо­зяйствэмкIэ и министерст­вэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Прави­тель­ствэ комис­сэм и прези­диумымрэ я зэ­IущIэм. Ар видео Iэмалым тету иригъэ­кIуэ­кIащ УФ-м и Пра­вительствэм и унафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат.

КъызэрыкIэрыху щымыIэу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек политикэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ ин дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ. 

Унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ

КъБР-м и Парламентым Лэ­жьы­гъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и комитетым зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуауэ щытащ унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ быдэу хъума хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къыщагъэсэбэп Iэмалхэм.

Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къегъэлъагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ «Iуащ­хьэмахуэ» турист-рекреационнэ комплексым адэкIэ зэрызрагъэужьынум теу­хуа зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ­  КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир, «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, къэрал министерствэхэм, зыужьыныгъэмкIэ институтхэм, «Iуащхьэмахуэ» ВТРК-м я лIы­кIуэ­хэр.

Кавказ Ищхъэрэм и шынагъуэншагъэр

УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мэлыжьыхьым и 13-м Налшык щригъэкIуэкIащ зи пашэ IэнатIэм и зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм (КИФЩI) шына­гъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр егъэкIуэкIын зэрыхуейм. Лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, федеральнэ министерст­вэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэ­хэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр