ГъащIэм и къэгъэшыпIэхэр

Iуэтэж

Олеся ицIыхухэм лагъумыхъуныгъэ яхуиIэт, псом хуэмыдэу и анэм. Абы и гум быдэу ирилъхьат балигъ хъурэ сабий унэм щIэкIмэ, псом япэ и анэр къигъуэтыну. Хьэуэ: «Си анэ дыщэ, сыту сыпхуэныкъуат», - жриIэну аратэкъым. Ар абы зыкъомрэ кIэлъыплъу, итIанэ зыгуэркIэ хурикъуну и мурадт. Апхуэдиз илъэскIэ сабий унэм зэрыщIигъэсам, жэщ кIыхькIэ нэпс шуугъэ куэд зэрыщIигъэкIам, апщIондэху езы бзылъхугъэм дунейр здэгъэзар имыщIэу зэрыдэтам папщIэ.
Олеся зэрищIэжрэ сабий унэм щIэст, пэжщ, ар зыбжанэрэ нэгъуэщI унэхэм ягъэIэпхъуащ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, зэрызауэм и зэранкIэ ягъэкIуэн хуей хъуащ. Ар псоми езауэрт, зэхэдз ищIыртэкъым щIалэ цIыкIуи хъыджэбзи. 
 Абы папщIэ гъэсакIуэхэм абы куэд дыдэрэ и фэр ирахащ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм хуэкIуэу, ауэ мыхьэнэ иIэтэкъым. Илъэс 14-м нэса иужьщ абы фыщIэн щыщигъэтар. Хьэуэ, абы и гур зэуэ щабэ хъуауэ аратэкъым, псори къыщышынэрти, щIэзэуэн щхьэусыгъуэ иIэжтэкъым. Олеся иджы зэшырт. Сабий унэм и къуэгъэнапIэ нэхъ жыжьэ гуэрымкIэ кIуэурэ и закъуэ щыст, гупсысэрт, и анэр къызэригъуэтыжынур, абы жриIэнур зэригъэпэщырт. 
Махуэ гуэрым абы макъамэ гуэр зэхихащ. ЗыщIэдэIукIмэ, къыгурыIуэркъым зихуэдэр. Сыту дахэт икIи нэщхъейт, ауэ дэнэ ар къыздиIукIыр?
Олеся къэтэджрэ кIарц Iувым и къудамэхэр хуэсакъыпэурэ къиIэтмэ, пщIантIэр зыпхъэнкI лIыжьыр бжьамий еуэу къелъагъу. ЛIыжьым абы гу къылъитэри: «Ухуеймэ, уезгъэсэнщ», - жи.
Олеся Iэнкунщ, хузэфIэкIыну пIэрэ? 
 ЗэгурыIуэри, махуэ къэс зэхуэзэн щIадзащ. ЯпэщIыкIэ бжьамийм узэреуэнур иригъэлъэгъуащ. КъыкIэлъыкIуэ зэхуэзэгъуэм лIыжьым езым къыхибзыкIа бжьамий Олеся тыгъэ хуищIащ. Хъыджэбз цIыкIур апхуэдизкIэ гуфIати, лIыжьым IэплIэ хуищIащ. Мис абы щыщIэдзауэ ахэр ныбжьэгъу зэхуэхъуащ. 
 Николай Петрович сабий унэм щыпсэурт. 
- Ар сыт щхьэкIэ? Уэри унэ уимыIэура?
- СиIащ, псори сиIащ. Уни унагъуи… ИлъэсипщI ипэ си щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Сыкъемылын сигугъат, ауэ ди щIалэ закъуэм и хьэтыркIэ псэун щIэздзэжащ. ИтIанэ абы къишащ, нысэ схуэхъуар дахэт, ауэ егъэлеяуэ нэпсейт. Си унэр къуэм и цIэкIэ езгъэтхауэ щытти, си щIалэр машинэм иукIри, нысэм уэрамым сыкъыдидзащ. 
- Уа, щхьэ уемыдэуарэ?
- Сыт щхьэкIэ, си хъыджэбз цIыкIу? Сэ фIыуэ слъагъу псори дунейм ехыжащ, хэтыт сызыхуэзэуэнур. Си чэзур къэсыху зыгуэрурэ сыпсэунщ. Си унагъуэм дежкIэ си гур щыIэщ, зыми сеныкъуэкъуфынукъым...
Олеся къыщыхъурт Николай Петрович и нысэр и анэм нэхърэ нэхъыбэу илъагъу мыхъуу. Ухуейрамэ, абы игу къэкIат япэщIыкIэ лIыжьым илъ ищIэжу итIанэ езым и анэм и Iуэху зэрихуэну…
 Хъыджэбз цIыкIур зэгупсысыр къищIа иужь, Николай къэуIэбжьащ, ар дауэ? Мы тхьэмыщкIэ цIыкIум апхуэдиз гужьгъэжь щхьэ иIэ? 
Ахэр куэдрэ зэпсалъэрт. ЛIыжьым гу лъитат хъыджэбз цIыкIум дзыхь къызэрыхуищIым. Зэгуэрым ар щIэупщIащ:
- Олеся, илъэс дэкIмэ къыбоух, IэщIагъэ пхуэхъунур къыхэпха?
- Хьэуэ… А жыхуэпIэм сегупсысыххатэкъым. Сэ си щхьэм илъыр си анэм игу зэрыхэзгъэщIыжынрат.
- Мыдэ къызэдаIуэт, уи анэр къэплъыхъуэн папщIэ, япэрауэ, ахъшэ ухуейщ, етIуанэрауэ, къэбгъэтауэ, игу хэбгъэщIыжауэ сощI, итIанэ - щэ?
Хъыджэбзыр щымт. Олеся тхьэмахуэкIэ къэкIуакъым лIыжьым и деж. Махуэ гуэрым, къарууэ иIэр зэхилъхьэри, и пащхьэ иуващ:
- Сэ ухуакIуэ сыхъуну сыхуейщ, - жиIащ абы.
Илъэс псокIэ лIыжьым хъыджэбз цIыкIур ухуакIуэ колледжым зэрыщIэтIысхьэнум хуигъэхьэзыращ.
Сабий унэм зэрыщыIэнур иухауэ Олеся щежьэн хуей махуэм ахэр куэдрэ псалъэу тетIысхьэпIэм тесащ. 
- Николай Петрович, сэ еджапIэр къызэрызухыу уи деж къэзгъэзэжынущ, - гъырт хъыджэбзыр.
- Умыгузавэу щIэныгъэ зэгъэгъуэт, сэ дапщэщи сыножьэнущ…
Сэлам щызэрахыжым, лIыжьым хъыджэбзым бжьамиий дахэ дыдэ тыгъэ хуищIащ.
Абы лъандэрэ илъэс пщыкIутхум нэблагъэ дэкIащ. Олеся и ныбжьыр хэкIуэтауэ унагъуэ ихьэри, хъыджэбз цIыкIу зэдагъуэта иужь занщIэу зэбгъэдэкIыжащ. Иджы абы гурыфIыгъуэу иIэр ипхъу Катя цIыкIут. Олеся и сом щызэтеувэм, и анэр къилъыхъуэн щIидзащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, гугъутэкъым ар къэбгъуэтыну. 
Абы и анэр бын щIэхъуэпс цIыхубз щхьэзакъуэт, сабийр дунейм къытехьэным мазитI фIэкIа имыIэжу узыфэ Iейм хуэдэ къызэреузыр къищIат. А зэманым а узым яхуещIэIатэкъым, пэжым ухуеймэ, цIыхубзыр абы зэрыпэщIэтын мылъкуи иIэтэкъым. Илъэст пIалъэу дохутырхэм къратар. Арати, абы сабийр дунейм къызэрытехьэу, IэмалыншагъэкIэ сабий унэм иритын хуей хъуат. Олеся и анэм и кхъащхьэр къигъуэтри, и сыным Iэ дилъащ. 
Олеся щIэх-щIэхыурэ Николай Петрович игу къэкIырт, ауэ абы къалэм къыщигъэзэжам, лIыжьыр игъуэтыжакъым. Сабий унэм и унафэщIыр яхъуэжат, абы и гъусэу абы щылажьэу щытахэри зэрахъуэкIат. 
Олеся и хъыджэбзыр и гъусэу щIэх-щIэхыурэ жыг хадэ зыгъэпсэхупIэм кIуэурэ итт. Хъыджэбз цIыкIум тхьэрыкъуэхэр игъашхэрт, джэду цIыкIухэм шхын яритырт, гуэлым тес бабыщхэм щыкъун яхуипхъыурэ ахэр зэрызехьэу къыщесылIэкIэ, зэрыщэщу дыхьэшхырт. 
- Мамэ, нэкулъ, щIакхъуэ, шэ къысхуэщэху,- жеIэ парк ихьэпIэм деж къэувыIа Катя. 
- Сыт пщIэнур?
- УмыдэнкIэ сошынэ…
- ЖыIи еплъ!
- Мобдеж щыс дадэ унэншэр згъэшхэнущ… Мамэ, ар жьы дыдэ хъуащ, мэжалIэуи къысщохъу, ущысхьрэ?
Олеся плъэмэ, сабийхэм къаухъуреихьауэ зыдэджэгу лIыжьыр елъагъу. И пхъум жыхуиIам нэхърэ нэхъыбэ къыхуищэхури, лIыжьым хуригъэхьащ.
Пщыхьэщхьэм ахэр унэм къэкIуэжауэ загъэпсэхуу, Олеся макъ гуэр зэхихащ, мес аргуэру зэхех. Ар псынщIэу и пхъум и пэшым щIэлъадэмэ…
- Мамэ, укъэзгъэщта? – жи, и нэ пIащэхэр тригъауэу. – Дэ а дадэм бжьамий деуэу дрегъасэ. Сэ нэхъ къызэхъулIэу жеIэ, ауэ и щIэдзапIэр къысхуэщIэжыркъым. 
 Олеся и нэпсхэм къызэпажыхьауэ: 
- Къащтэ, сэ уэзгъэлъагъунщ щIэдзапIэр, сэри Iэджэрэ ар сщыгъупщэжу щытащ, - жи. - Си хъыджэбз цIыкIу, уэ пщIэрэ а лIыжьыр щыпсэур дэнэми?
- Мамэ, уэри плъэгъуащ а щIыпIэр, гуэл Iуфэм тхылъымпIэ ашыкым къыхэщIыкIауэ Iут унэ цIыкIуращ абы и псэупIэр.
Абыхэм загъэхьэзырри лIыжьыр къалъыхъуэну ежьащ, гуэл Iуфэм зэрыIухьэуи къагъуэтащ.
- Дадэ! - джащ хъыджэбз цIыкIур. 
- Гуащэ цIыкIу, щхьэ гувауэ укъэкIуа, тэмэм уи Iуэхухэр? - жиIэурэ и пщыIэ цIыкIум къыщIокI лIыжьыр.
- Николай Петрович! Пэж мыр?
ЛIыжьыр Iэнкун къэхъури, джэлэным зы тIэкIущ иIэжар.
- Олеся! 
Абыхэм быдэу IэплIэ зэхуащIри, зыщIэупщIащ.
- Куэдщ, мыбдеж узэрыщыпсэуар, дяпэкIэ ди гъусэу унэ хуабэм ущIэсынущ! - жиIащ Олеся хэкъузауэ. 
 ЛIыжьым зыгуэр жиIэну яужь итат, ауэ Олеся ар игъэпсэлъакъым:
- Николай Петрович, уэ нэмыщIамэ, сэ гъащIэм сыхэзэгъэнтэкъым, уэращ зи фIыщIэр сэ сызэреджари цIыху сызэрыхъуари, иджы сэ си щIыхуэ сыпшыныжу аркъудейщ!
Зэанэзэпхъум лIыжьым и Iэр быдэу яубыдри унэм яшащ, а дакъикъэм а дадэм и гум щыщIар зыщIэр езы Тхьэ дыдэм и закъуэщ. 
 

Мер Иринэ.

 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: