Лъагъуныгъэ

Дыгъэр къухьат, ауэ иджыри нэхут. Зи нэзыр плъыжьу щIисыкIа пшэ Iэрамэхэр уэгум щесырт. Гъуэгу кIыхьым гугъу дригъэхьати, зыри жыдмыIэу дыкъэкIуэжырт. Сэ гублащхьэм сыдэст, си гъусэр, мэлыхъуэ лIыжьыр, щхьэукъуэу гум ист. Асхьэд гъуэгум щыпсэлъэрей жыхуаIэм ящыщтэкъым, сэ сызэшырт. Дыгъуасэ лъандэрэ дыкъокIуэ, пщэдей дынэсыжыну къыщIэкIынщ… 
- Зы тутын дыгъэшыхьыт, щIалэ, - жиIащ Асхьэд.
  Гъуэгур нэхъыфI хъуати, гублащхьэм сыкъыдэкIри лIыжьым сыбгъурытIысхьащ, тутыныр хущIэзгъэнащ.
- Пщэдей уэфI хъун хуэдэщ, - къыхэпсэлъыкIащ Асхьэд, тутыным зэ екъури. – Пшэплъ дахэщ…
Сэ зыри пэздзыжакъым, абыкIэ акъылэгъу сыхъуу си щхьэр сщIа фIэкIа.
Мэз хъурей тIэкIу дыкъыщIэкIащ. Гъуэгур ятIэхэж хъуащи, шэрхъыр псынщIэу пхож. Тафэ гуэр дытехьащ. Ар тIууэ зэпиупщIу ди гъуэгур мажэ, пшапэ кIыфIым щIэлъадэу. Губгъуэ нэщIым дыщихьэм, нэхъри сызэш хъуащ, витIми я лъэбакъуэм кIэрачащ.
- ЛIо, уезэша? – къызэупщIащ лIыжьыр.
- Хьэуэ, сезэшакъым, зезгъэумысакъым сэ.
- Дэгъэхи къэувыIэ уэ.
ВитIыр щIэзгъэхури сутIыпщащ. МафIэ тIэкIуи зэщIэдгъанэри лы Iыхьэ зырыз дгъэжьащ, дедзакъэри, ауэ мафIэбгъум деж зедгъэщIащ. УдзыпцIэ щIыIэр Iэпкълъэпкъым фIэфIт.
- Зэхэпхрэ? – къызэупщIащ Асхьэд, и нэр зэтепIауэ зыкъомрэ щылъа нэужь.
Сэ зыри зэхэсхакъым, витIыр зэрыжьэгъуашхэм фIэкIа.
- ДаIуэт уэ, - жиIащ лIыжьым аргуэру. ИжьырабгъумкIэ щыт къурш лъагэр жьым мащIэу дэвуу хуэдэу къысфIэщIащ.
- Бгыр мэву, - жысIащ сэ.
- Хьэуэ вууркъым. Ар гъы макъщ.
- Сыт гъы макъ? – згъэщIэгъуащ.
- КъедаIуэ-тIэ, уи жеин къэмыкIуэмэ… Ар къызэрыхъурэ куэд щIащ, адэ ди адэжьхэм уанэр я пIэщхьагъыу щыщытам щыгъуэ. Вагъуэ Iэджи ижащ, псынэ Iэджи жэщIыжащ абы лъандэрэ…
Къуажэ гуэрым зы пщащэ дэст, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу. И бгыр Iэгум ижыну псыгъуэт, набдзэ фIыцIэ къурашэт, и нитIыр вындым хуэдэт. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар фIыуэ къилъагъуу а къуажэм зы щIалэ дэст, КъетыкъуэкIэ еджэу.
Хъыджэбзым и ишэгъуэ къыщысым, щIалэр къылъыхъуащ, ауэ «сыту фIыт укъызэрыслъыхъуар» жиIэу занщIэу дэкIуакъым, игъэунэхун щхьэкIэ, мэуэ ириухылIащ: «Къетыкъуэ зекIуэ ежьэнщи илъэсищкIэ хамэ хэкухэм къыщикIухьынщ. И лъагъуныгъэр пэжмэ, пIалъэр къытекIуэнкъым», - жиIащ Салимэ. Арат а хъыджэбзым зэреджэр.
Къетыкъуэ зигъэхьэзырщ, иш къызэщIикъузэри, гъуэгуанэ техьащ. Ар щежьэм Салимэ Iэлъын иритат фэеплъу.
Хэку Iэджи зэпиупщIагъэни абы, псышхуэ Iэджи икIагъэни ар. Сытми, пIалъэр къэблэгъауэ, жэщ гуэрым псыхъуэм дыхьащ, «тIэкIуи зызгъэпсэхунщ, сишри псы езгъфэнщ», - жиIэри, Псы Iуфэм Iуту здэкIуэм нурыр къыщхьэщихыу цIыхубз пцIанэ гуэр Iууащ. Ар псыхъуэ гуащэт, мывэшхуэ гуэрым тесу и щхьэцыгъуэшхуэр ижьырт.
Шы лъэ макъыр щызэхихым, псыхъуэгуащэр къащтэри къызэплъэкIащ, щIалэр щилъагъум кIиящ, «уи нитIыр игъукI» - жери, псым хэпкIэжащ. ЩIалэр асыхьэту нэф хъуащ… 
Зыбжанэ дэкIри, Къетыкъуэ щымыIэжу Салимэ хъыбар къыIэрыхьащ. ТхьэмыщкIэм сыт ищIэнт, и лъагъуныгъэр игъеижащ. Илъэс зыбжанэ дэкIащ, хъыджэбзым хэт къылъыхъуми дэкIуэн имыдэурэ. Ауэрэ и адэр зыгъэлIэну узыр къеуалIэри гъуэлъащ, щыгъуэлъым и пхъур къриджащ:
- Си дахэ, сэ солIэ, уэ хэт къыпщхьэщытын, удэкIуауэ слъагъутэмэ, солIэ жысIэнтэкъым…
И гум къыщIитхъми, и адэр хуэгъэщIэхъунутэкъыми, Салимэ дэкIуащ, куэд мыщIэуи щIалэ цIыкIу игъуэтащ.
МыдэкIэ Къетыкъуэм факъырэу зыкъихуапэри къуажэм  къыдыхьэжащ, ауэ Салимэм зыкъригъэцIыхужакъым: «Сэ сынэфщ, абы сыхуэфащэкъым, нэфым и лъагъуныгъэ абы сыту ищIын?» - жиIэри. ЩымыIэжу хъыбар зыгъэIуари езырат.
Къуажэм къыдыхьэжа щхьэкIэ, Къетыкъуэр зыми къицIыхужакъым.
Салимэ и макъ зэхихмэ фIэфIти, махуэ къэс абы и пщантIэм дыхьэрт, езыри къыщIэкIырти фэкъырэIус къыхуишийрт. КъимыцIыхужми, Салимэ игу ихуртэкъым Къетыкъуэ. Нэфу къыхуэкIуэжами, абы пищIын щыIэтэкъым. Факъырэу махуэ къэс къыхуэкIуэр езы  Къетыкъуэрауэ дэнэ щищIэнт цIыхубзым…
Зэман дэкIащ. Къетыкъуэм хуэмыхьыж хъуащ. Махуэ гуэрым Салимэ и щIалэ цIыкIур псыхъуэм дэту щыIууэм: «Мыр уи анэм хуэхьыж», - жери фэеплъ Iэлъын хуишиящ. ЩIалэ цIыкIум ар и анэм иритыжащ. «Мыр къозытар дэнэ кIуа?» - жиIэу къыщеупщIым, «мо бгым ихьэжащ, псым зэпрыкIри», - жиIащ. Салимэ пщIантIэм дэжащ, бгым илъэдащ, Къетыкъуэ еджэу куэдрэ лъыхъуащ, арщхьэкIэ игъуэтакъым. ИтIанэ мывэшхуэ гуэрым тетIысхьэри, бгыр игъэпсалъэу куэдрэ гъащ…
Iэджэ щIащ абы лъандэрэ, мы бгыжьми абы и гъы макъыр щIэмычэу къоIукI. Салимэ иджыри къэс мы бгым иту жызыIэ щыIэщ…
Асхьэд и хъыбарыр щиухым, сэ сызыщIэдэIукIащ: си тхьэкIумэм макъ гуэр къиIуэрт. Сэ ар гъы макъыу къысфIэщIащ…                                 
 
Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: