КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къэрэшейхэр я лъахэм щрагъэкIа махуэм ирихьэлIэу Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэм зэрызахуигъэзар«Нобэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щокIуэкI къэрэшей лъэпкъыр я хэкум зэрырагъэкIрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа фэеплъ Iуэхугъуэхэр. Лъахэм и тхыдэм къыхэнащ хамэщIым къимыкIыжа и къуэхэмрэ ипхъухэмрэ я цIэхэр, апхуэдэуи Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фронтым щызэуахэмрэ тылым и лэжьакIуэхэмрэ. Ди къуэш лъэпкъыр хамэ щIыпIэм щашэча гугъуехьхэм къызэфIигъэщIакъым, захуагъэр тепщэ зэрыхъужынумкIэ, фIыр зэрытекIуэнумкIэ я фIэщхъуныгъэри яфIэкIуэдакъым абыхэм. ЩыщIэныгъэшхуэхэм, гугъуехьышхуэхэм я гъащIэм лъэужь куу къыханами, къэрэшей лъэпкъым яхъумэфащ я щэнхабзэр, Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэрызыкъаужьыжын, къызэрыщIэрэщIэжын къару къакъуэкIащ. Зыхэта лъэпощхьэпо псоми емылъытауэ нобэрей щIэблэм псэукIэ тэмэм къахузэзыгъэпэщыфа я нэхъыжьхэм яхуэфэщэнщ ди къуэшхэр. Къэрэшей-Шэрджэсыр нобэ Урысейм хъарзынэу зызыужь и щIыналъэхэм ящыщ зыщ. Республикэр йофIакIуэ лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ, я хьэщIагъэкIэ, лъэпкъ хабзэ дахэмкIэ, щэнхабзэ къулеймкIэ цIэрыIуэ хъуа и цIыхухэм я IуэхущIафэхэм я фIыгъэкIэ. Сохъуэхъу ди къуэш къэрэшей лъэпкъым Хэкум, я республикэм хуэщхьэпэн ехъулIэныгъэшхуэхэр адэкIи яIэну», - щыжеIэ зэрызахуигъэзам КъБР-м и Iэтащхьэм.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|