Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2014 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №142-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м               Налшык къалэ               №228-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IуэхукIэ» 20I4 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м къищта унафэ №142-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхауэ:

«2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм зыщIигъу мыхъуну цIыху 73-рэ хуэдизу, абыхэм ящыщу 71-р къулыкъукIэ я улахуэм тещIыхьауэ сом мин 779,045-рэ я лэжьапщIэ фонду Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым Аппаратыр Iыгъыным къыщыгъэлъэгъуа мылъкум и хьэкъкIэ яIыгъыу, 2-р сом мин 20,806-рэ хъууэ я лэжьапщIэхэм я мазэ фондыр я полномочиехэр пхагъэкIын папщIэ федеральнэ бюджетым къиутIыпщ субвенцэхэм я хьэкъкIэ яIыгъыу гъэувын.».

2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм теухуа Положенэу къэдгъэлъэгъуа унафэмкIэ къащтам и 7-нэ пунктым и япэ абзацыр мыпхуэдэу тхын:

«7. Министерствэм и унафэщIщ гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органым и уполномоченнэм гурыIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къулыкъум игъэув министрыр.».

3. 2024 гъэм щIышылэм и 1-м къару зыгъуэт 1-нэ пунктыр хэмыту мы унафэр гъэзэщIэн щIадзэ официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

Поделиться: