Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ" 2020 гъэм мазаем и 27-м къыдигъэкIа Указ №15-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) зэзыгъэуIу зэIущIэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн: Васильцов А.Ю. - Ипщэ дзэ округым и дзэ прокуратурэм и гарнизоным и 315-нэ дзэ прокуратурэм и прокурорыр (зэрызэгурыIуам тету) Громушкин П.Н. - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету) Ковалев М.В. - Тезырхэр щрырагъэхьэкI федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету) Козлов В.А. - Урысей Федерацэм ХъумэнымкIэ и федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ связь хэхамрэ информацэмкIэ и центрым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету) Кульбаев А.Б. - Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету) Литвинов Р.А. - «Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я «Вече» обществэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ-жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету) б) Джатэ Р.Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр» (зэрызэгурыIуам тету)»; в) зэзыгъэуIу зэIущIэм хэгъэкIын Беппаев С.У., Волошин В.В., Воронин С.В., Канунников А.Д., Лыхь А.Ч., Новосельцев В.И. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м №108-УГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|