Теплъэгъуэ кIэщI

Бжьыхьэкум, зы илъэс къэмынэу, уэрам  къэгъэшыпIэм къытотIысхьэ нанэ цIыкIуитI - зы урысрэ зы адыгэрэ. Зым къуажэ хадэм къриха мыIэрысэ, пасэрей къыпцIэ кIыхь цIыкIу, адрейм хризантемэ ящэ. Щыуэу зыгуэр гъусэ къахуэхъуауи зэ плъагъункъым абыхэм. Сэри, а зы мардэм сытету, фокIадэм и кIэм сокIуэ «нанитIым я бэзэрым». СызэрыкIуэри зэ закъуэщ, гъэм хуэзэу зэ зым и мыIэрысэмрэ адрейм и хризантемэ Iэрамэрэ къэсщтэн къудей щхьэкIэщ.

 ЦIыхуитI фIэкIа щымыхъукIэ, тIуми ныбжь щаIэкIэ, си гум къысхуидэркъым, зым ейр къасщтэу, адрейр къэзгъэнэну - хризантемэхэм сахоплъэри, си нэм нэхъ къыфIэна зы Iэрамэ къахызох. ЗыпэсщI щымыIэ  пщIащэ пылъэлъыжыгъуэм зы дэрэжэгъуэ ин гуэр къысхалъхьэрт а гъэгъахэм.

Зи чэзу фокIадэр къэсащ. Хризантемэ Iэрамэр зэуэ си нэгу къыщIоувэри, сокIуэ - тIури щысщ. Адыгэ нанэ цIыкIур сыт щыгъуи щогуфIыкI иIыгъыр къызэрысщтэм. Пакет хьэлъэр къысIэщIилъхьэри, джэдгын хьэжа зэкIуэцIылъитIи къысхутрилъхьащ. Си гум къишхыдыкIа хуэдэ, ари сызыхуей дыдэт… Нанэми, зэрихабзэу,  хъуэхъури махъэри  къызегъэлъэлъэх.

Хризантемэхэми сахоплъэри, куэдрэ сымыгупсысэу, спэгъунэгъур къызощтэ. Абдежым зы цIыхубз щIалэ къыспекIухьри, а сэ сIыгъым нэр къытреубыдэ, сэри  сызыхуейр а уэ къэпщтарат, жеIэри - естащ, нэгъуэщI къэсщтэжмэ зэфIэкIат, арыншами гъэгъахэм зы мыдахэу зыри яхэттэкъым. Гъэгъа IэрамитIым я зэхуакум къыдэсщIыкIа гуапагъэм срогуфIэ. Сэ къыздогуфIэ адыгэ нанэри, урыс нанэм, и куэдарауэ, «спасибо» къудей къыжьэдэкIынукъым, гъэгъар къыпхуишиинурэ зигъэзэжынущ. ИтIани, срогуфIэ гъэ къэс а хризантемэ Iэрамэ закъуэр а урыс нанэ нэщхъыцэ цIыкIум и деж къызэрыщысщтэм. Нанэр зыщыщIэ гуапагъэр и хризантемэм дахагъкIэ ипшыныжу къысщыхъуу. ЗыпэсщI щымыIэ пщIащэ пылъэлъыжыгъуэм къызит дэрэжэгъуэм  и зы налъэт а псори, фокIадэ къэс къытезыгъазэ а теплъэгъуэ кIэщIым зымащIэ хэзыным сытешыныхьу. СщIэртэкъым нанэхэм я цIэри зыщыщри, бжьыхьэ къакIуэ, а зэман дыдэм цIыкIуитIри щысу сыIухьэным гуфIэгъуэ хэслъагъуэр псом ящхьэт. Илъэс дапщэ и кIыхьагът а теплъэгъуэ кIэщIым…

Лъостэн Музэ.

 

Поделиться:

Читать также: