Iэщ гъэхъуным зрагъэужьыж

КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр ­хъумэнымкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъуным зэ­рызыщрагъэужьым.

Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жана­таев Сэлим, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу ­КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, министерствэхэм, щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр. 
ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур къыхигъэщащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм Iэщ гъэхъуным мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэр. 
- Мы Iуэхум зегъэужьыныр къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м мэкъумэш IэнатIэр щегъэфIэкIуэнымрэ абы къыщIигъэкIыр зэращэ Iэмалхэмрэ теухуауэ щыIэ къэрал программэм. Абы къыщыгъэлъэгъуам тету зэрадэIэпыкъум и фIыгъэкIэ, иужьрей илъэситхум кIуэ пэтми хохъуэ зи гугъу тщIы IэнатIэм къит ­хъерым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Парламентым Зэрызы­хуигъазэм къызэрыщыхигъэщащи, къыщIэдгъэкI лым хэдгъэхъуэн ­хуейщ тонн мини 130-м нэсу, - жиIащ къэпсэлъам. 
КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил зэIущIэм къыщызэщIикъуэжащ зэлэжьахэмрэ къайхъулIахэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, Iэщ зыгъэхъухэм лыуэ яхуэщэр процент 25,4-кIэ хэ­хъуащ иужьрей илъэситхум. 
2023 гъэми мы IэнатIэм и Iуэхухэр ефIакIуэу йокIуэкI: мэкъумэшым елэжьхэм псоми къыщIагъэкI лым, шэм, джэдыкIэм я бжыгъэм хэ­хъуащ. Илъэсым и мазибгъум къызэрапщытэжамкIэ, Iэщрэ джэд­къазу лы тонн мин 80 къалэжьащ, шэуэ - тонн мин 399-рэ, джэдыкIэу - мел­уани 165-рэ.
Шэтыр къытеувыIащ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, цIыхухэм къыщIагъэкIхэми. ЛыхэкIхэм щыщу процент 46,5-м щIигъур джэдкъазырщ зыIыгъыр. Iэщышхуэм - процент 42-рэ, бжэнымрэ мэлым­рэ - проценти 9-м нэблагъэ, кхъуэмрэ нэгъуэщI лыхэкIхэмрэ - проценти 2-м щIигъу яIыгъщ. 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу къызэрапщытамкIэ, Iэщышхуэм и щхьэ бжыгъэр мин 272-м щIрагъэгъуащ. ­КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэс­хэм нэхъыбэ щащIащ Iэщ лъэпкъыфIхэм я бжыгъэр. Абы елэжьу мы зэманым республикэм IуэхущIапIэ 22-рэ итщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2023 гъэм и пэщIэдзэм Iэщ лъэпкъыфIхэм я бжыгъэр мин 28,9-рэ ­хъуащ. 
Къэпсэлъам къыхигъэщащ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм я фIыгъэкIэ Iэщ гъэхъуным щIыналъэм зэрызыщиужьыр. Апхуэдэу федеральнэ ахъшэу дызэрыт илъэсым КъБР-м и бюджетым къыIэрыхьэнущ сом мелуан 395,7-рэ. Мазибгъу блэкIам IэнатIэм и лэжьакIуэхэм зыщIагъэкъуащ сом мелуан 252-м нэскIэ. 
Шэтым зэрыжиIамкIэ, лыхэкIкIэ, шэкIэ, джэдыкIэкIэ республикэм къелэжьыжыф езыр зыхуеинум хуэдиз, къыщIагъэкIыр нэхъыбэ зэращIынум и мызакъуэуи, щIыналъэм щолIалIэ абыхэм я фIагъми. Iэщ гъэхъуным я щIыпIэхэм зэрыщелэжьым теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ Шэрэдж районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Куль­баев Алан, Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэрзэдж Рэмэзан, Бахъсэн ­районым и щIыпIэ администрацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Заур, Лэскэн районым и щIыпIэ администрацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Бырсекъуэ Амурбэч сымэ.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий тепсэлъыхьащ Iэщ гъэхъуным теухуауэ щыIэ гугъуехь зыбжанэм я хэкIыпIэу илъагъухэм. 
Апхуэдэуи депутатхэр тепсэлъыхьащ республикэм мэлрэ вырэ щыгъэхъуным зэрызрагъэужь хъуну щIыкIэм, къущхьэхъу хъупIэхэм ­гъуэгу екIуэлIапIэхэр зыхуей щыхуэгъэзэным, IэщIагъэлIхэр гъэхьэ­зырыным, зэран зыпылъ удзыжьхэр гъэкIуэдыным, нэгъуэщIхэми зэрелэжьым. 
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, Iуэхугъуэ пыухыкIахэр ягъэбелджылащ.

Поделиться: