УсакIуэшхуэм и анэр къызыхэкIар

«1885 -1886 гъэхэм Къэбэрдейм щекIуэкIа етIуанэ къыхэтхыкIыныгъэм ЗекIуэрейхэ зэрыуэркъыр щыгъэбыдащ. Ахэр щыуэркъкIэ, япхъу иратынкIэ хъуну щытакъым, езыхэм нэхърэ нэхъ лъэпкъ лъахъшэм. ЗэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым Iэсхьэдрэ Лацэрэ езыхэм я жэрдэмкIэ зэрышарэ нэхъыжьхэм я унафэ абы хэлъарэ, ауэ, зэрыцIыхуу, зэхуэзэхэу щытыпами, я Iыхьлыхэм я Iизыншэу а Iуэхур зэрызэфIэмыхьам шэч хэлъкъым. 
ЩоджэнцIыкIу Пщыкъан благъэ хуэхъуа ЗекIуэрей Аслъэнбэч Мысост и къуэр (1822) бынунагъуэшхуэу щытащ: (абы иIащ хъыджэбзищрэ щIалищрэ). Бынхэм я нэхъыжь Хъаний 1858, абы къыкIэлъыкIуэ КIулэ 1861, зэшыпхъухэм я нэхъыщIэ Лацэ 1864 гъэхэм къалъхуащ, зэкъуэшхэм я нэхъыжь Жыхьфар 1869, абы къыкIэлъыкIуэ Сэфар 1873, я шынэхъыщIэ дыдэ Алимырзэ 1876 гъэхэм къалъхуащ. Ди зэманым лъэпкъхэр пасэхэм хуэдэу зэрыIыгъыжкъым, хэбгъэзыхьмэ, куэдым я благъэхэр яцIыхужыххэркъым. Абы и зэранкIэ Iыхьлыхэр щызэрышэж къохъу. 
Мы тхыгъэмкIэ ди мурадыр усакIуэшхуэм и анэр къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр къэдгъэнаIуэу а лъэпкъитIым я щIэблэм я Iыхьлыхэр едгъэцIыхужынырщ. Зэшыпхъухэм я нэхъыжь ЗекIуэрей Хъаний Аушыджэр щыщ Бэрбэчхэ яшащ. ГъэщIэгъуэныракъэ, и анэми ещхьу, абыи бынуэ къуищрэ пхъуищрэ къыщIэхъуащ: Хьэжумар, Жантемыр, Темыр, Блинэ, Мэржан, Жанпагуэ. Хъыджэбзхэм я дэкIуэгъуэ щыхъум, абыхэм я къуажэгъухэр къыхахащ – Блинэ Битокъухэ, Мэржан Къардэнхэ, Жанпагуэ Къумыкъухэ яшащ. 
Сэ зэрысщIэжымкIэ, ЩоджэнцIыкIухэ ягъэгъуащэртэкъым я анэ шыпхъу Хъаний, ахэр зэкIэлъыкIуэрт. Алий и бынхэм пыщIэныгъэ нэхъ зыхуаIар Къардэнхэ иса Мэржанщ. ЗекIуэрей Аслъэнбэч ипхъу етIуанэ КIулэ ГъукIэпщхэ Хьэжы дэкIуащ. Зэрыунагъуэу ахэр пасэу хэкум иIэпхъукIащ, Иорданым и щыхьэр Амман щыпсэуахэщ, пхъуищ яIащ, абыхэм я Iуэху зытетым дыщыгъуазэкъым. ЗекIуэрейхэ япхъу ещанэ Лацэ, зэрытщIэщи, ЩоджэнцIыкIухэ исащ. Архив тхылъхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ар зыдэкIуа ЩоджэнцIыкIу Iэсхьэд 1860 гъэм къалъхуащ. А тIур щызэрышар иджы зэхэгъэкIыжыгъуафIэкъым, ауэ я бынхэр къыщалъхуахэм тепщIыхьмэ, 1890 гъэм и пэщIэдзэхэм хуозэ. ЩоджэнцIыкIухэ Iэсхьэдрэ Лацэрэ быний зэдагъуэтащ (ауэ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм и къекIуэкIыкIам зэрыщитхыжамкIэ, зэщхьэгъусэхэм бын пщыкIуз яIащ, Iэсхьэд 1924 гъэм, Лацэ 1936 гъэм дунейм ехыжахэщ). Iэсхьэд и бынхэу дэ дызыщыгъуазэхэр я ныбжькIэ зэрызэкIэлъыкIуэр мыращ: ТIалий, Чэмилэ, Лиц, Уэлий, КIулилэ, Алий, Зул, Данил. ГъэщIэгъуэнщ Iэсхьэд и бынхэм я цIэхэм псоми хьэрф «л»-м узэрыщыхуэзэр. Къалъху сабийм адыгэхэм нэгъуэщIым цIэ фIрагъэщырт, абы къыхэкIыу а цIэхэр зэпыщIауэ, е зэпэджэжу щытын дэнэ къэна, жыжьэрэ гъунэгъуу щызэбгъэдэмыхьэр нэхъыбэт. ЩоджэнцIыкIухэ къащIэхъуа сабийхэм я цIэхэр апхуэдизу зэпэгъунэгъу щIэхъуар, хэт и фIыгъэми, адыгэ IуэрыIуатэр куэдрэ зэжалIэу щыта Iэмалыр – макъ дэкIуашэхэм я зэщIэжьыуэныгъэ аллитерацэкIэ зэджэр – къызэрыщагъэсэбэпарщ.
 Iэсхьэд и бынхэм я нэхъыжь ТIалийрэ абы и щхьэгъусэ АбытIэ Мыдэрэ (Зеикъуэ щыщщ) зы щIалэщ яIар – Муртаз. Муртазрэ абы щхьэгъусэ хуэхъуа Аргъэщокъуэ Раерэ зы щIалэрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ. ТIалий къыкIэлъыкIуэ Чэмилэ щхьэгъусэ хуэхъуар Къэхъун щыщ Жамборэ Шущ (япэм я унэцIэу щытар Хьэмырзэхэщ). Жамборэ зэщхьэгъусэхэм быниплI зэдагъуэтащ: Суфян, Надя, Зэмудин, Любэ сымэ. Лиц зыдэкIуар Джэрыджэ ХьэзрэIилщ, ахэр Кушмэзыкъуей щыпсэуащ, бын яIакъым. Уэлий япэ и щхьэгъусэу щытар Шакъ Цацэщ, а тIум зыпхъу яIащ – Женя. ЕтIуанэу къишэжам бын дигъуэтакъым. КIулилэ (зи гъащIэм и къекIуэкIыкIар «Мадинэ» поэмэм лъабжьэ хуищIар) Сэрмакъ щыпсэу Махуэхэ яшащ, абы бынищ къыщIэнащ: Час, Iэлисахь, Масирэт сымэ. 
Алий къишар и малъхъэ Жамборэ Шу и шыпхъу нэхъыщIэ ШэIидэтщ. А тIум я хьэгъуэлIыгъуэр щыдахар 1927 гъэр арагъэнущ. А зэщхьэгъусэхэм быну къащIэхъуащ плIы: Налжан (Ленэ), Чытаун (Тае), Лиуан, Мухьэмэд сымэ. Чытаун дэмыкIуауэ дунейм ехыжащ, Налжан зы хъыджэбзрэ (Мадинэ) зы щIалэрэ (Аслъэн), Лиуан зы щIалэ (Мурат), Мухьэмэд зы къуэрэ (Заур) зы хъыджэбзрэ (Мадинэ) яIащ. Зул Мэлыхъуэхэ япхъу Сурэт къишащ, абы зыпхъу – Сасэ – къыщIэнащ, езыр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. Зэшхэм я нэхъыщIэ Данили Жамборэхэ япхъу къишауэ щытащ, ауэ бын ямыгъуэтауэ езыр зауэм хэкIуэдащ. ЗекIуэрей Аслъэнбэч и къуэ пажэ Жыхьфар ГъущIапщэхэ Рэсбулэт къишэри, Щихъболэтрэ Жанрэ жаIэу бынитI зэдагъуэтащ. Жыхьфар пасэу дунейм зэрехыжам къыхэкIкIэ, сабийхэр хамэ лъэпкъ хамыутIыпщхьэн щхьэкIэ, Жыхьфар и щхьэгъусэр и шынэхъыщIэ Алимырзэ кърагъэшэжыгъащ. Зэкъуэшхэм я курыт Сафаррэ абы щхьэгъусэ хуэхъуа Дудар Гуащэкъарэрэ сабиибл зэдапIащ: Данэху, Щэуал, Хъаджэт, Бэлэтокъуэ, Дин, Нащхъуэ, Лалэ сымэ. Быным я нэхъыжь Данэху («Къызбрун» драмэм и лIыхъужь нэхъыщхьэм а цIэр зэрехьэ) Алийрэ Чэмилэрэ ягъусэу траха зы сурэт ди деж къэсащ. Ар унагъуэ имыхьэ щIыкIэ дунейм ехыжащ. Данэху къыкIэлъыкIуэ Щэуал Кушмэзыкъуэхэ Шэриз къишащ, ахэм бынищ зэдапIащ: Лолэ, Толэ, Светланэ. Абы къыкIэлъыкIуэ Хъаджэт ГъукIэлI Хьэчим дэкIуащ, ар нэмыцэхэм яукIащ, зы къуэ – Лонэ къащIэнэри. 
Бэлэтокъуэ Псыхуабэ щыпсэуащ, и щхьэгъусэр урысу щытащ, быну яIар тхузэхэгъэкIакъым. Дин и щхьэгъусэр Къэжэр Сэбирэтщ (Къэжэр Индрис и шыпхъущ), а тIум бынищ зэдагъуэтащ: Балэ, Николай, Этери сымэ. Нащхъуэ Лу Зубер и щхьэгъусэу щытащ, бынищ зэдапIащ. Зэшхэм я нэхъыщIэ Лалэ Гъурф Хьэжмурид и щхьэгъусэу щытащ, зы хъыджэбз яIати, ари пасэу дунейм ехыжащ. Сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуами ЩоджэнцIыкIухэ нэхъ зыпыщIауэ щытар Сафар и бынхэрщ, нэхъ зыкIэлъыкIуэхэри Динрэ Лалэрэт. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, Аслъэнбэч и бынхэм я нэхъыщIэ Алимырзэ и шынэхъыжь Жыхьфар и щхьэгъусэ Рэсбулэт бынитI щIэсу кърагъэшэжыгъащ, иужькIэ абыхэм зы щIалэрэ (Мартин) зы хъыджэбзрэ (Былыхъу) зэдагъуэтыжащ (Алий ящIыгъуу ахэм зытрагъэха зы сурэт къэнащ). БлагъагъэкIэ ЩоджэнцIыкIухэ къаубыд Лацэ и анэ Дисэ и анэкъилъхухэри. Ар езыр ЛампIэжьхэ япхъущ (Кушмэзыкъуей щыщщ), абы и зы шыпхъур Уэдыхь Iэбисал ишащ. А тIум я къуэ Уэдыхь Аслъэнбэч совет лъэхъэнэм къулыкъушхуэхэр зэрихьащ, Къалмыкъ БетIал дэлэжьащ. ИкIи IэщIэкIуэдэжащ. 
Абы къыщIэнащ щIалитI – Анатолэрэ Аркадийрэ. Ещанэ и шыпхъур Бекъул Жанхъуэт (Кэнжэ) и щхьэгъусэу щытащ, быну яIам дыщыгъуазэкъым. ЩоджэнцIыкIу Iэсхьэд и унагъуэм и тхыдэм уриплъэмэ, гу лъыботэ мыпхуэдэ Iуэхугъуи: Iэсхьэд къызытепщIыкIыжа Мамсыр къуэу иIар Пщыкъанщ, абыи къыщIэхъуар Iэсхьэд и закъуэщ. Ауэ абы езым къуитху игъуэтамэ, и къуэхэм ящыщу ТIалий зы къуэ, Алий къуитI яIауэ аращ, адрей зэшхэм – Уэлий, Зул, Данил сымэ – къуэ къащIэхъуакъым. А зэкъуэшхэм я бынхэм я натIэ хъуар апхуэдэщ. ТIалий и щIалэ закъуэ Муртази къыщIэхъуар Хьэсэн и закъуэщ, абы езыми иIэр зы щIалэщ – Алий. 
ЩоджэнцIыкIу Алий и щIалитIми – Лиуанрэ Мухьэмэдрэ – къуэ зырызщ яIар – Муратрэ Зауррэ. ИужьреитIми яIэр къуэ зырызщ. Совет лъэхъэнэм и илъэсхэм лъэпкъхэр зэбгрылэжьыкIауэ щытами, иужьрей зэманхэм зэлъэпкъэгъухэр зэрыгъуэтыжу, зэкъуэувэжу щIадзащ: зэIущIэшхуэхэр ирагъэкIуэкI, я лъэпкъ тхыдэр зэфIагъэувэж, абы теухуа тхылъхэр ятх, я газетхэр къыдагъэкI».

 

Поделиться:

Читать также: