Гуэл щхъуантIэхэр къызэрыунэхуар

Шэрэджыр бгылъэ щIыпIэщ. И лъагапIэ нэхъ инхэр ипщэмкIэ, Куржы лъэныкъуэмкIэ, щыIэщ. Абдежращ здэщыIэр «Безенгий блын» жыхуаIэмрэ метр мини 5 я лъагагъыу Кавказым щыIэ къуршиблым щыщу 5-мрэ. ЛъагапIэ нэхъыщхьэм зэреджэр «Дыхтаущ» (метр 5204-рэ мэхъу). Районым и ипщэ лъэныкъуэ псор мэзгъэфIэнхэм, мылылъэхэм яубыдащ, псыежэх куэдми я щIэдзапIэр (Шэрэджыпсри яхэту) абдежщ.
Монгол-тэтэрхэр къащытеуэм, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Шэрэдж районым и бгыхэмрэ аузхэмрэ я щхьэегъэзыпIэу щытащ. Абдежи лъэпкъ-къупщхьэ щыхъужащ. Адыгэхэм къуршхэр XVI лIэщIыгъуэм ябгынамэ, балъкъэрхэр бгырысу къинат. XIX лIэщIыгъуэм ику пщIондэ мы щIыналъэр Къэбэрдеипщхэм яIыгъащ, ауэ Кавказ зауэм иужькIэ Урысей пащтыхьыгъуэм гуагъэхьащ. Совет властыр увыхункIэ, Тэрч щIыналъэм хыхьэ Балъкъэр округу ар щытащ. Езы Шэрэдж районыр I935 гъэм къэунэхуащ. 1944 гъэм Шэрэдж, Уламо-Безенгий районхэр хыхьэу, Совет район къызэрагъэпэщауэ щытащ, ар Шэрэдж щыхъужар 1994 гъэрщ. 
ЩIыпIэм и дахагъэрщ зыгъэпсэхуакIуэхэр абы къэзышэр. Аушыджэр псы хуабэхэр, Уштулу къыщыщIэж псы хущхъуэр, уэздыгъей жыг лIэужьыгъуэхэм я мэзыр, Гуэл ЩхъуантIэхэр, Шэрэдж псыхъуэр - дэтхэнэри гулъытэ зыхуэщIыпхъэщ. Апхуэдэуи мыбы щыIэщ XII - XVI лIэщIыгъуэхэм яухуа чэщанэхэри, Хеу псы Iуфэм деж къырым къыщыхаIущIыкIа къулъшырыфри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ Шэрэдж псыхъуэр. Ар Налшык къалэм километр 45-кIэ пэжыжьэщ. Абы укIуэн щхьэкIэ, Гуэл ЩхъуантIэхэми ублэжын хуейщи, зыплъыхьакIуэ къашэхэм абдежи зыщрагъэплъыхь. Псыхъуэм километри 3 и кIыхьагъщ. ЦIыхуIэ зэмыIуса а щIыпIэм зыгъэпсэхуакIуэ куэд дехьэх. Ар зэрыщытым хуэдэу яхъумэн папщIэ, I990 гъэм шыщхьэуIум и I-м КъБАССР-м и Министрхэм я Советым къыдигъэкIа унафэ № 189-м тету, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэу къалъытауэ щытащ икIи а щIыпIэр нобэ и нэIэм щIэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм. Абы и хьэлэмэтагъращи, къыр задэхэр зыщхьэщыт псыхъуэ зэвым псынэпс щIыIэхэр къыщыщIож.
Шэрэдж псыхъуэм дэт Гуэл щхъуантIэхэр къэрал псом щыцIэрыIуэщ. Ахэр я къэунэхукIэкIи я щытыкIэкIи зэмыщхьщ. Ипщэ гуэлхэр тIу мэхъу, абыхэм къакIэлъыкIуэхэм «Сухое», «Секретное» фIэщыгъэхэр иратащ, нэхъ цIэрыIуэ дыдэу абы яхэтыр Ищхъэрэ гуэлырщ. Япэ гуэлитIыр хъурейщ, метр I8-м нэс я куууагъыу аращ. Ищхъэрэ Гуэл щхъуантIэр хы щIыIум метр 902-кIэ нэхъ лъагэщ. Абы ит псыр нэхъыбэм уэшхымрэ уэсымрэ елъытащи, гъэм и пIалъэ зэхуэмыдэхэм и куууагъри ехъуэж. Илъэс псом гуэлым и хуабагъыр градуси 9-м нос, и куууагъыр метр 368-м (Хыхэр зыдж институтым иужьрейуэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм тепщIыхьмэ). КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, щIы щIагъым къыщIэж гуэл (карстовэ) нэхъ куу дыдэхэм ар ящыщщ, Хорватием я Crveno jezero гуэлым и ужькIэ. Гуэл щхъуантIэхэм я псым апхуэдизкIэ ущызыкIэщIоплъри, метр 22-кIэ упхоплъыф. 
Абы и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ «Сухое» гуэлыр щыIэщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ари изу щытащ, ауэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, зэгуэрым бгыхэр хъейри, псыхъуэр щIы щIагъым къыщыхутащ, метри 177-рэ и куууагъыу кумбышхуэ къанэу. И лъащIэ дыдэм метри 5 и куууагъыу псы къинащ.
«Секретное» гуэлыр метр 300-кIэ пэжыжьэщ Ипщэм. Дунейр щыщIыIэм абы и щхьэр тощтыкI, ауэ гъэмахуэм хуабэр градус 18-м нос. Гуэлхэр псори сыткIэ зэщхь жыпIэмэ, ар я плъыфэ узыIэпызышэрщ. Бжэндэхъу джэдыкIафэм (голубой) къыщыщIэдзауэ щIыху-хужьыфэу тепщIыпщIыкIыу. ГуэлиплIым псэущхьэ лIэужьыгъуэ гуэрхэм ущрохьэлIэ, ауэ Ищхъэрэ гуэлым хэсыр псыдыуэ, елыркъэш, бэдж щхъухьзехьэ лъэпкъхэм ящыщщ. Зэзэмызи абы бдзэжьей къуэлэныр (форель) къыхохьэ, ауэ зыщиIэжьэркъым. Псэншэу къалъытэ Гуэл щхъуантIэхэм я щэхур нобэхэми щIэныгъэлIхэм къахуэхутэркъым. 
Гуэл щхъуантIэхэм ятеухуауэ хъыбарыжьрэ таурыхъыу икъукIэ куэд дыдэ цIыхубэм кърахьэкI. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ хъуам зэрыщыжыIамкIэ, пасэ зэманым мы щIыпIэхэм Батэрэз нарт лIыхъужьыр щыпсэуащ. Благъуэм езауэу, ар щыхигъащIэм, псэущхьэ абрагъуэр щIым техуэу джалэри, абы и щIагъыр куууэ пхырыхуащ. Апхуэдэу Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэхэр къэунэхуащ, абы къыхих тхъуэбзащхъуэмэр благъуэм иджыри къыздэсым къыжьэдих бахъэрщ.
НэгъуэщI зы хъыбарым зи гугъу щащIыр пщы гуащэ дахэм и лъагъуныгъэрщ. Абы зы щауэ гуэр фIыуэ илъэгъуауэ пщащэм къехъуапсэ пщы бзаджэм къыщищIэм, щIалэр къырым къредзых. Хъыджэбзым а гуауэр хуэмыхьу, езыри щыхупIэм йолъэ. Абы щIигъэкIа нэпсхэрауэ жаIэ щIэншэ гуэлым псыр из зыщIар.
Дауэ мыхъуами, зи гугъу тщIа гуэлхэр жьы дыдэщ, сыт хуэдиз я ныбжьми пыухыкIауэ зыми жиIэфыркъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Ищхъэрэ гуэлым деж бгъуэнщIагъ иIащ. Абы къыхэж къуршыпсым къыхахыжауэ щытащ пасэрей псэущхьэ жахэр. Языныкъуэхэм жаIэ илъэс мелуани 180-рэ абыхэм я ныбжьу. 
Ауэ гъэщIэгъуэнращи, гуэлым псы ежэх хэлъадэркъым, итIани псым и куууагъым зэи зихъуэжыркъым. Езым сыхьэт къэс къыхэж псы кубометр 3240-р къыумылъытэххи. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, псыщIагъ бгъуэнщIагъхэмкIэ абыхэм псы къахолъадэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: