Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэм проектхэм ахъшэхэр хуаутIыпщынымкIэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 11-м      Налшык къалэ      №186-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ я IэнатIэм проектхэм ахъшэхэр хуэутIыпщынымкIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм фокIадэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №158-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн Белецкая О. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ, зэпеуэ щыIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр;
б) Комиссэм хэгъэкIын Бэшорэ Р. А.
 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къыщхьэщыжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэхэр зэрырат Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 11-м     Налшык къалэ     №187-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэжынымкIэ и министерствэм и унафэм щIэт къэрал кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм лэжьапщIэхэр зэрырат Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м къыдигъэкIа унафэ №154-ПП-мкIэ къищтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн.
2. Мы унафэм къызэщIеубыдэ 2023 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэр.
 

«20I4-2043 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи щызэгъэпэщыжыныр» республикэ программэр 2020-2022 гъэхэм гъэзэщIэнымкIэ пIалъэ кIэщI планым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ»
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
 2023 гъэм    фокIадэм и 11-м     Налшык къалэ     №189-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«2014 - 2043 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи щызэгъэпэщыжыныр» республикэ программэр 2020 - 2022 гъэхэм гъэзэщIэнымкIэ пIалъэ кIэщI плану Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдигъэкIа унафэ №241-ПП-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, ар мы унафэм игъусэ гуэдзэныр щIэрыщIэу зэрытхам тету.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыгъэIэпхъуэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 11-м     Налшык къалэ     №191-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыгъэIэпхъуэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «ЦIыхухэр, мылъкур, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр гъэIэпхъуэным зыхуэщIыным, зыхуэгъэхьэзырыным икIи ар егъэкIуэкIыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ зэфIагъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2017 гъэм накъыгъэм и 19-м къыдигъэкIа унафэ №91-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зыгъэIэпхъуэ комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:
Абузаров М. А.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссарым и къуэдзэ (тылымкIэ) (зэрызэгурыIуам тету)
Бечелов А. А.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ икIи апуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и департаментым управленэмкIэ и ягъэIэпхъуэ пунктыр зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зыгъэIэпхъуэ комиссэм и секретарщ)
Бозий А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Къармэ М. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэр
Корниенкэ С. Е. - Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм и тылым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Романовэ Е. В .- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ къащхьэщыжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Хьэмыкъуэ В. Э.- Къэзыгъэсэбэпхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум тынышыгъуэхэр иIэнымрэ я IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Хьэту Э. М. - жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь «РН-Эльбрус» обществэм и инженер нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету)
Эльбрусов Ж. Г.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ и къэрал инспекцэм гъуэгу-плъыр IэнатIэмкIэ администрацэ законодательствэр гъэзэщIэнымкIэ, хабзэхъумэ органхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету);
б) Говоров С. А. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр (зыгъэIэпхъуэ комиссэм и унафщIщ)»;
в) Анаев М. А. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къулейсызыгъэ къэзыхь къэхъукъащIэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэр-граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, цIыхухэр хъумэнымкIэ управленэм и унафэщIыр (зыгъэIэпхъуэ комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ, (зэрызэгурыIуам тету)»;
г) КIарэ Э. Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министрым и къуэдзэр»;
д) Унэжокъуэ А. Н. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и архитектор нэхъыщхьэр»;
е) ЗыгъэIэпхъуэ комиссэм хэгъэкIын Атаров В. Т., Ацкъан Р. Р., Ащхъуэт И. А., Бачков К. В., Жыгуэ А. Ф., КхъуэIуфэ А. Ж., Кучмезов Д. М., Мартынов А. И., Усков С. А. сымэ.
 

«НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езыхэм яфIэфIу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуэжыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм     фокIадэм и 11-м     Налшык къалэ     №192-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«НэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр езыхэм яфIэфIу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуэжыным щIэгъэкъуэн хуэхъуныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Поделиться: