Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтым теухуа Положенэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтхэмкIэ щыIэ Совету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа Указ №158-УГ-мкIэ щIэгъэбыдамрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтым теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм папщIэ щIэныгъэмрэ инновацэхэмкIэ и саугъэтым и IуэхукIэ» 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м къыдигъэкIа Указ №158-УГ-м щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Положенэм и 13-нэ, 14-нэ пунктхэмрэ 24-нэ пунктым и япэ Iыхьэмрэ «, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ» псалъэхэр «щIэныгъэмкIэ» псалъэмкIэ щызэхъуэкIын.
б) Советым хэтхэр:
мы къэкIуэнухэр яхэгъэхьэн:
Бэшорэ Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм социально-экономикэ реформэхэмкIэ и департаментым и унафэщIыр
Мокаев А. М.- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр (Советым и секретарщ);
Алътуд Ю. Къ. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ федеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэр» (зэрызэгурыIуам тету)»;
Езауэ А. Къ. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр (Советым и унафэщIым и къуэдзэщ)»;
Нэгъуей З. В. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» Федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и генеральнэ директор» (зэрызэгурыIуам тету)»;
Сэхъурокъуэ Хь. Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщIыр» (зэрызэгурыIуам тету)»;
Мысост Е. Л. , ТIымыжь Хь. Хь. хэгъэкIын.
2. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм шыщхьэуIум и 24-м
№84-УГ

Поделиться: