Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэмрэ абы дэлэжьэну пщэрылъ зыщащIа къулыкъущIэхэр зыхуэдэмрэ къэщтэным и IуэхукIэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэм теухуа Положенэу Урысей Федерацэм и Президентым «Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэмрэ Урысей Федерацэм и Президентым и языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ» 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м къыдигъэкIа Указ №232-мкIэ щIэгъэбыдам и 19-нэ пунктым ипкъ иткIэ унафэ сощI:
Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпкIэрэ, Iулъхьэм пэщIэтын мурадкIэ ягъэува мардэхэм, паубыдхэм, хуагъэувхэм зэрытетым хэплъэн папщIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэр зыхуэдэр; Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къагъэсэбэпурэ Iулъхьэм пэщIэтын мурадкIэ ягъэува мардэхэм, паубыдхэм, хуагъэувхэм зэрытетыр къэпщытэнымкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэр зыхуэдэр. 2. «Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ «Посейдон» къэрал хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъыну къалэн щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм Iулъхьэм пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей А.А. 3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм шыщхьэуIум и 24-м №83-УГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|