Хэхыныгъэм хэлэжьыхьынухэр ирагъаджэБахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм и унэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и VI зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хэхыным хэлэжьыхьыну участкэ комиссэхэм я лэжьакIуэхэм я семинар. Ар къыщызэIуихым щIыналъэ хэхакIуэ комиссэм и унафэщI Бештокъуэ Хьэмидбий къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ хэхыныгъэхэм зыщыхуагъэхьэзыр, ахэр щрагъэкIуэкI зэманым хэхакIуэ комиссэхэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм. Районым и хэхакIуэ комиссэм хэтхэр тепсэлъыхьащ хэхыныгъэм ипэ къихуэу участкэ комиссэхэм нэхъыщхьэу гу зылъатапхъэхэм, Iэ щаIэтыну пэшхэр зэрагъэхьэзырым, бюллетенхэр зэрагуэшым, хэхыпIэ участкэр къызэрызэIуах щIыкIэм, хэхакIуэ комиссэм хэтхэр хэхакIуэхэм я спискэм зэрелэжьым.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
|