Псори зыхуэныкъуэ лъэпкъ щIэин

Бахъсэн щIыналъэ

Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и конференц-пэшым щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Махуэгъэпс тафэ хэIэтыкIам тхыдэ-щэнхабзэ заповедник къыщызэгъэпэщыным икIи Къэбардэ Тамбий щыщIалъхьа Iуащхьэм абы и цIэр зытет мывэ сын щыгъэувыным.

Зэхыхьэм хэтащ Бахъсэн щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэу Къардэн ФатIимэ, Джатэ Ильяс, Шапсыгъ Азэмэт сымэ, Дыгулыбгъуей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Лёлэ, Бахъсэн къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэч Альберт, КъБКъУ-м адыгэ щэнхабзэмкIэ щыIэ центрым и художественнэ унафэщI Думэныщ Iэулэдин, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Тхьэзэплъыж Руслан, тхыдэдж, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ Ало Тимур, журналист Шыбзыхъуэ Астемыр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, тхыдэджхэр.
ЗэIущIэм хэтхэм зыхагъэгъуэзащ Къэрал Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Михаил КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ къигъэхьа тхыгъэм. Абы щыжыIащ Махуэгъэпс тафэ хэIэтыкIар куэд щIауэ адыгэхэм пщIэшхуэ зыхуащI зэхуэсыпIэ цIэрыIуэу тхыдэм къызэрыхэщыжыр. Пиотровский Михаил гу лъаригъэтащ абдежым, пасэм Къэбэрдейм и тепщэу щыта Къэбардэ Тамбий и кхъащхьэм къыдэкIуэу, нэгъуэщI кхъэлъахэ Iуащхьэхэмрэ археологие фэеплъхэмрэ зэрыщыIэр.
Зэхыхьэм хэтхэр арэзы техъуащ Бахъсэн къалэм и мызакъуэу, республикэ псор «Махуэгъэпс» заповедникым зэрыхуэныкъуэм теухуа гупсысэм.

БАЛЪКЪЫЗ Iэминэ.
Поделиться: