Я лэжьыгъэм сыт щыгъуи хуэхьэзырщ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуа зэIущIэ. 

 Абы хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ – полицэм и унафэщI Гуэбэшы Хьэмидбий. 
 Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и IэнатIэхэм зыхэплъэж пIалъэм щызэфIагъэкIахэм ятеухуауэ къэпсэлъащ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ – полицэм и унафэщI, полицэм и майор Жантуев Залым.
Абы къыхигъэщащ ирагъэкIуэкIа профилактикэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ щIэпхъаджагъэхэр зэрагъэмэщIар. Абыхэм ящыщщ хъунщIэным, нэгъуэщIым и мылъку къэтхьэкъуным, фэтэрхэмрэ уней лъапсэхэмрэ щыдыгъуэным, гъэпцIагъэ лэжьыным, нэгъуэщIым и мылъкум хэщIыныгъэ етыным пыщIахэр.
Хабзэхъумэ органхэмрэ Налшык къалэм и щIыпIэ самоуправленэм и IэнатIэхэмрэ зэщIыгъуу лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ жылагъуэ хабзэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. Къапщтэмэ жылагъуэ-политикэ, цIыху куэд щызэхуэс щэнхабзэ, спорт, диным ехьэлIа Iуэхухэу 70-м щIигъур зэрекIуэкIар абыхэм я нэIэ щIэтащ икIи хабзэр къыщызэпауд, щIэпхъаджагъэ щалэжь къагъэхъуакъым. 
Налшык къалэм щыIэ оперативнэ щытыкIэмрэ ар зэтесу щытынымрэ ехьэлIауэ къагъэсэбэп Iэмалхэм теухуауэ къэпсэлъащ IэнатIэхэм я унафэщIхэр. 
Полицэм и унафэщI Гуэбэшы Хьэмидбий къаIэта Iуэхухэм ехьэлIауэ зэфIахын хуей пщэрылъ зыбжанэ яхуищIащ IэнатIэхэм я унафэщIхэм. 
Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и унафэщI, полицэм и полковник Шыбзыхъуэ Хьэчим зэIущIэм и кIэухым жиIащ КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм къыхуагъэува къалэнхэр гъэзэщIэным Управленэм и лэжьакIуэхэр зэрыхуэхьэзырыр. 
 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: