ЗыгъэпсэхупIэхэр къызэрагъэпэщ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и ­Федеральнэ Зэхуэсым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, социальнэ IуэхухэмкIэ хабзэгъэувхэм я ­советхэм я комиссэхэм я зэIущIэм. Абы щы­теп­сэлъыхьащ сабий зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ я зыу­жьы­ныгъэм, 2022 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ ­зэманым зэрызыхуагъэхьэзырым ехьэлIа Iуэху­хэм.

Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэмрэ зыщагъэп­сэху щIыпIэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрикуэ­дыр къэплъытэмэ, къаIэта Iуэхум республикэм деж­-кIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщрагъэгъэпсэху IуэхущIапIэу 19 щолажьэ. Абыхэм ящыщщ «Лэгъупыкъу» республикэ центрыр. IуэхущIапIэм сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ къудейкъым, атIэ зи Iэпкълъэпкъыр къыдэмыбзхэр, нэм ехьэлIа ­узхэр, нэгъуэщIхэри зэрагъэхъуж IэмалыщIэхэр ­абдеж къыщагъэсэбэп. КъищынэмыщIауэ, ар пIалъэ­кIэ мыхъуу илъэс псом мэлажьэ икIи Урысейм и щIыпIэ куэдым щыщ сабийхэр абы кърашалIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыпсту «Лэгъупыкъум» зыщагъэп­сэху Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщ ныбжьыщIэ 35-м. КъыкIэлъыкIуэу абы къашэнущ Донбассым щыщ сабий гуп. Абыхэм я зыгъэпсэхугъуэм текIуадэр республикэм итыну и пщэ ирилъхьэжащ, - жиIащ ­Его­ровэм.
Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ IуэхущIапIэм илъэс къэс Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу сабий мини  10-м нэблагъэ зэрыщызэблэкIыр. Абыхэм ящыщу мини 7-р гугъуехь хэхуа сабийхэращ. Апхуэдэуи респуб­ликэм къокIуэ Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм ­щыщу ныбжьыщIэ мини 7-м нэс.
- 2022 гъэм и гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм узын­ша­гъэр зэрырагъэфIакIуэ Iэмал псомкIи елэжьынущ ­сабий мини 5-м щIигъум. КъБР-м и бюджетым щыщу а Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуани 185-м щIигъу, - дыщIигъуащ Егоровэм.
IуэхущIапIэхэм я щытыкIэр зыхуэдэм и гугъу щи­щIым, абы жиIащ языныкъуэхэр зыхуей хуэзауэ зэ­рыщытыр, зыгуэрхэр зэрызэгъэпэщыжыпхъэр.
- Дыщогугъ коронавирусыр тщхьэщыкIуэтмэ, ди ­зыгъэпсэхупIэхэми, санаторэхэми, лагерхэми хуиту лэжьэн щIадзэжыну. Абы щыгъуэм сабийхэм зедгъэгъэпсэху къудей мыхъуу, мы Iуэхум адэкIи нэхъ зедгъэужьыфынут, - жиIащ Егоровэм. - Къыхэзгъэщыну сыхуейт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэ­хэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ едгъэфIэкIуэн папщIэ ­щIапхъэхэр зэрыдубзыхуар. Ахэр къыщыдгъэлъэ­гъуащ ди комиссэм и унафэм и проектым. 
УФ-м и ФС-м и Къэрал Думэм и депутатхэми зэ­IущIэм къыщыхалъхьащ я Iуэху еплъыкIэхэр. Апхуэ­дэхэщ 2030 гъэ пщIондэ тещIыхьа, УФ-м и щIыналъэхэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ я IуэхущIапIэхэр щызэгъэпэщыжыным е ухуэным ­хуэгъэза федеральнэ программэр щызэхагъэувэкIэ лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIын хуей пIалъэр къыщагъэлъагъуэкIэ дунейм и зэхэлъыкIэр къызэралъы­тапхъэр, ухуэ­ныгъэхэм я проектхэр зэщхьу ягъэ­хьэ­зырын, 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ школхэм сабийхэр зэрыща­гъашхэр щIыналъэ псоми щызэхуэдэу щIын зэрыры­хуейр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм къыщыхалъхьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ илъэси 7 - 18 ныбжьым хиубыдэу гугъуехь пэщIэхуа­хэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр федеральнэ бюджетым къыхэкIыу 2022 гъэм щыщIэдзауэ щIыным теухуа дэфтэрыр къэщтэныр, IуэхущIапIэхэм зегъэужьы­-ным мылъку хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэм трагъэ­кIуэ­дам и IыхьэкIэ зэрызыщIагъэкъуэжым яхухэ­гъэ­хъуэ­нымкIэ щыIэ Iэмалхэм егупсысыныр.
КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэр мэлыжьыхьым и 26 - 27-хэм екIуэкIыну траухуащ.
 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: