ТхылъымпIэ гъуабжэри тхылъымпIэщ

ТхылъымпIэ хужьым и уасэр плIыкIэ зэрыхэхъуам егъэгузавэ газет, журнал, тхылъ тезыдзэ IуэхущIапIэхэр. Целлюлозэ-тхылъымпIэ комбинату 180-рэ зэрыт къэралыр абы щхьэ щышынэн хуей? 
Илъэс 30-м и кIуэцIкIэ тхылъымпIэ заводышхуэхэу хьэрычэт Iуэхум нэхъ хуэжанхэм хамэ къэралхэм къраш Iэмэпсымэхэмрэ химие хуэIухуэщIэхэмрэ зратри, нэхъ цIыкIухэм къыщIагъэкIыр ямыщэхуж хъуащ. А зызыгъэин IуэхущIапIэхэри ипэжыпIэкIэ Урысейм ей дыдэу щыткъым. Псалъэм папщIэ, принтерхэм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп «Svetokopy» тхылъымпIэр къыщIэзыгъэкI, Светлогорск къалэм дэт целлюлозэ-тхылъымпIэ комбинатыр «Сильвамо Корпорейшн Рус» цIэр зезыхьэ американ IуэхущIапIэшхуэм и къудамэщ. 
Урысей гъунапкъэм пэгъунэгъуу зэрыщытым къыхэкIыу, тхылъымпIэр хужь зэращI шыгъу лIэужьыгъуэр абы Финляндием нэхъ тыншу щигъуэтырт. Арати, апхуэдэ шыгъу хуэмыныкъуэ ди къэралым ар къыщIигъэкIын щигъэтыжыпащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, тхылъымпIэ къыщIэзыгъэкIхэр лэжьа щхьэкIэ, абы ирахьэлIэ натрийм и хлоратыр къыщIэзыгъэкI заводхэм «зыкъащIэжыху» мазэ ныкъуэ кIуэнущ, мэлыжьыхьым ику пщIондэ Iуэхур зэтеувэжыну дыкъагъэгугъэу аращ. 
ТхылъымпIэр къызыхащIыкIыр пхъэщ. Жыг лъэпкъым мыхьэнэшхуэ иIэкъым. Пхъэхуейми, шыкIуртIымми, уэздыгъейми тхылъымпIэ хъарзынэ къыхэкIынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, А4 жыхуэтIэ тхылъымпIэ хужь напэм хуэдэу 50 пщIын папщIэ пхъэуэ I килограмм ухуейщ. 
ФщIэжыркъэ пионерхэм тхылъымпIэжьхэр щызэхуахьэсу щыта зэманыр? Жыг нэхъ мащIэ ираупщIыкIыну ухуеймэ, апхуэдэу пщIэ хъунущ иджыри. Жыгхэм нэмыщI, тхылъымпIэр хьэуазэми, прунжми, бжьэхуцми, уеблэмэ хъыданыжьхэми къахэпщIыкI мэхъу. 
Пхъэр тхылъымпIэ хъун ипэкIэ гъуэгушхуэ екIу. Япэрауэ, жыгыфэр Iэмэпсымэ гуэркIэ тралъэфри, езыр щыкъуейуэ ягъэлъалъэ. Псы ямыIэу хъунукъыми, тхылъымпIэ заводхэр псыежэххэм я Iуфэм щIыIуащIыхьыр аращ. Пхъэ яущыкъуеяр псыкIэ зэIахри ягъавэ. Аращ целлюлозэ хъужыр. ЗэрыжаIэмкIэ, IэкIэ щIа апхуэдэ целлюлозэм къыхащIыкI тхылъымпIэр мыхьэнэншэ дыдэщи, абыхэм газет пудхэр ирытрадзэ. ГазетыфIхэр, журналхэр, тхылъхэр зытрадзэ тхылъымпIэфI дыдэ пщIын щхьэкIэ, химие IэмалкIэ щIа целлюлозэ ухуейщ. ТхылъымпIэр хужьыбзэ хъун щхьэкIэ абы каолин халъхьэ. 
А къомыр къыщIедгъэкIуэкIыр тхылъымпIэ Iуэхур зэтеублэжа хъуным зэман зэрихьынурщ. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа, Светлогорск дэт комбинатым и унафэщI Габидуллин Тимур зэрыжиIэмкIэ, «Сильвамо корпорейшн Рус» IуэхущIапIэм Урысейм щылэжьэн щигъэтакъым. Псори зэIызыщIар Финляндием щыщ «Кемирэ» компаниерщ. Абы тхылъымпIэм и фэр зэрытраху, хужь зэращI натрийм и хлоратыр Урысеймрэ Белоруссиемрэ къригъэшын идэркъым. ТхылъымпIэ узым езы Финляндиери ехь илъэсыр зэрыщIидзэрэ. Къуийм и щIыIу гуэрэф жыхуаIэм хуэдэу, Финляндием тхылъымпIэ щызыщI IуэхущIапIэхэм я профсоюзым зэрагъэлажьэ щIыкIэр ягу иримыхьу щIышылэм и I-м зыкъаIэтауэ, нобэми IэнатIэм пэрыткъым. 
Натрийм и хлоратыр Урысейм къыщыщIэбгъэкI мыхъуну пIэрэ? Хъунущ, ауэ апхуэдэу иджыри къэс щIамыщIам и щхьэусыгъуэр дыхьэшхэнщ. ТхылъымпIэ хуэIухуэщIэхэр къэрал кIуэцIым пуду фIэкIа зэращыхуэмыщэнум къыхэкIыу, абы зыри емылIалIэурэ, Iэмалыр яфIэкIуэдыпащ. Урысейм и химикхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Иванов Виктор зэрыжиIэмкIэ, абы уелэжьын щIэбдзэмэ, хамэ къэралхэм къипш нэгъуэщI химиехэкI куэдым я пIэ ибгъэувэн къэплъыхъуэн хуей хъунущ. 
ТхылъымпIэм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт нэхъыщхьэм и нэхъыжь Тюрин Евгений жиIэри абы тохуэ: «ТхылъымпIэр хужь пщIын папщIэ узыхуэчэм химиер Урысейми щызэбгъэпэщыфынущ, ауэ иджыпсту Iуэхур зылъахъэр нэгъуэщIщ. ТхылъымпIэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр Америкэм, Австрием, къинэмыщI къэралхэм щыщ заводхэм зэракъудамэрщ. Абыхэм ящыгугъыу есахэм къагъэсэбэп хэлъхьапхъэхэр ямыщIыжыххэ хъуащи, псори щIэрыщIэу зэтраублэжын хуейщ». 
Тюриным зи гугъу ищI IуэхущIапIэхэр зэрыхъур тIу къудейщ, ахэр урысей къалитхум щолажьэ: «Монди групп» (Сыктывкар), «Илим групп» (Сегежэ, Коряжмэ, Светлогорск, Усть-Илимск). 
Светлогорск дэт комбинатым тхылъымпIэ гъуабжэ къыщыдагъэкIын щIадзащ зэкIэ. Химикхэри я лэжьыгъэм пэрыхьакIэщ. «Светокопи-эко» тхылъымпIэр мэлыжьыхьыр имыкIыу тыкуэнхэм къыщIалъхьэну жаIэ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: