ЗэпIэзэрыту заужьын папщIэ

КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. ВидеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Зэхуэсым къыщаIэтащ КъБР-м щагъэзащIэ лъэпкъ, федеральнэ проектхэм ятекIуадэ мылъкум и Iуэхур. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ къэралымрэ щIыналъэмрэ зэрызэдэлажьэ зэгуры­Iуэныгъэхэм, инвестицэхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ проект ­псори зэрызэгурыIуа пIалъэм тету щагъэзащIэ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм ятеухуауэ. - Мы гъэм цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэу 70-м нэс едгъэ­кIуэкIыну ди мурадщ, ар унэщIэ щIын е жьы ­хъуахэр зэгъэпэщыжын лэжьыгъэ ирехъу. Нэхъыбэр 2022 - 2023 гъэхэм къриубыдэу тхуэу­хынущ.  Языныкъуэ ухуэныгъэхэр 2024 гъэ пщIондэ екIуэкIыну къыщIэ­кIынщ. ЦIыху 500-м нэс зыщIэхуэну поликлиникэщIэ духуэным епха зэгурыIуэныгъэхэр къэралым етщIылIакIэщ. ­Куба къуажэм - амбулаторэ, Эльбрус жылагъуэм - щIыпIэ сымаджэщ щыдухуэнущ, къуажэ зыбжанэм дэт еджапIэхэр зэдгъэпэщыжынущ. Лэжьыгъэр нэгъэсауэ и чэзум зэфIэкIын ­папщIэ, кIэлъыплъынухэм унафэ яхуэсщIакIэщ.
КIуэкIуэ Казбек тепсэлъыхьащ ухуэныгъэхэм къедза инфраструктурэ лэжьыгъэхэми. «Къэ­ралым «Псы къабзэ» проектымкIэ зэгурыIуэ­ныгъэ щхьэхуэ етщIылIэну ди мурадщ. 2022 - 2024 гъэхэм псы къыщIэшыпIэрэ ижыпIэу 13-м нэс дутIыпщынущ,      нэхъ пасэу зэдгъэпэща 19-м нэмыщI. Иджыри Тэрчрэ Тырныаузрэ псы къыщIэшыпIэу 5 зэрыщыдутIыпщыным пыщIа зэгуры­Iуэныгъэхэм долэжь», - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.

 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: