Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм, Прави­тельствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьыныгъэмкIэ и штабым, ­УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием зэхэту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хуснуллин Марат и нэIэ щIэту екIуэкIа зэхыхьэм къыщыпсэ­лъащ УФ-м и Президентым и дэIэпыкъуэгъу, Къэрал Советым и тхьэмадэ ­Левитин Игоррэ абдежым щыIэ комиссэм и пашэ Минни­ханов Рустамрэ, зи гугъу тщIы министерствэм и тхьэмадэ Фай­зуллин Ирек, федеральнэ властым и гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр. 
ЗэIущIэм къыщапщытэжащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм гъэ блэкIам хузэфIэ­кIахэр. Апхуэдэуи, къызэхуэсахэр щхьэхуэу хэплъащ 2030 гъэ пщIондэ къэралым и экономикэм ухуэныгъэмкIэ и къудамэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ зэрызаужьын хуейм тещIыхьа программэм. 
Левитин Игорь къыщыпсалъэм къыхигъэщащ къэралым псэупIэщIэхэр щыщаухуэкIэ Iэмалуи тегъэщIапIэ нэхъыщхьэуи къыхахыпхъэр. Ар иджырей пщалъэхэмрэ технологиещIэхэмрэ тещIыхьа унэтIыныгъэхэм тетынырщ.
«УФ-м и Президентым Iэ зыщIидза дэфтэрым зэритымкIэ, къэралым и экономикэм дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэщ къалэхэмрэ абыхэм къедза Iэгъуэблагъэмрэ ухуэныгъэщIэхэр къыщрахьэжьэкIэ а Iуэхур зэгъэщIылIа икIи зылъэIэс лъэныкъуэ псори зэщIэгъэуIуэныр икIи зэдегъэкIуныр. Апхуэдэщ, унэщIэхэр ­къыщаIэт хьэблэхэм къыщыунэху автомашинэ зекIуапIэщIэхэр зы­хуей хуэгъэзэнри, жьы хъуа унэхэмрэ къамыгъэсэбэпыж промышленнэ IуэхущIапIэхэмрэ здэщыт щIыпIэхэм зэхъуэкIыныгъэ инхэр къазэрыщыпэплъэри, къалэхэм зыгъэпсэхуакIуэу къы­дыхьэхэм я бжыгъэм кIэремыгъэхунымкIэ IэмалыщIэхэр къы­зэрыгъэсэбэпыпхъэри», - щыжаIащ зэIущIэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, 2021 гъэм фэтэр куэд зыхэт унэу 39-рэ щаухуащ. Ар, метр зэбгъузэнатIэу яхузэфIэкIам тетщIыхьмэ, 2020 гъэм зрагъэхъулIам елъытауэ, проценти 2,8-кIэ нэхъыбэщ, 
Къалэхэм ухуэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щрагъэкIуэкIыныр, шэч хэмылъу, елъытащ абыхэм хухах щIыпIэр псыкIэ ирикъуу къызэрызэгъэпэщами. А лъэныкъуэмкIэ къыхэгъэщыпхъэщ 2022 - 2024 гъэхэм ди республикэм и къалащхьэм щрагъэжьэну ухуэныгъэхэм псы ешэлIэным, къагъэсэбэпар Iушыжыным пыщIа инженер Iэмалхэр зыхуей щыхуэгъэзэнымкIэ, феде­ральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къахэкIыу, сом мелардым щIигъу зэрыхухахари.
ЗэIущIэм кърикIуахэр щызэхилъхьэжым, республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Налшык къагъэсэбэпа и псыр лъэныкъуэкIэ Iузыш инженер ухуэныгъэхэр зэхъуэкIын щIэдзэнри, а лъэныкъуэмкIэ Тырныауз къалэм хухэха проектыр зэхэгъэувэныр и кIэм нэгъэсынри 2022 гъэм зэфIэдгъэкIыну ди мурадщ. Мы зэманым щIэддзащ ­Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм­-кIэ щыIэ Азау хуейм деж къыщыщIэ­дзауэ Эльбрус посёлкэм нэс псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш коллекторыр зэгъэпэщыжыныр. Гъэ къакIуэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм ит къуажэхэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэза лэжьыгъэми пытщэнущ. Проектхэм я нэхъыбэр «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыужьыкIэ» къэрал программэм хеубыдэ». 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: