Тенджыз Iуфэм къыщыхожаныкI

ЩIышылэм и пэщIэдзэхэм ТIуапсы щекIуэкIащ «RUSSIAN SEA CUP» футболымкIэ сабий-ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2009 гъэм къалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Тэрч» командэм и футболист нэхъыщIэхэр.
Зэхьэзэхуэм хиубыдэу Бэлэтокъуэ Мурат и гъэсэнхэм зэIущIиплI драгъэкIуэкIащ Дон Iус Ростов, ТIуапсы, Краснодар, Керчь и командэхэм. Дон Iус Ростов и «Водник»-м 5:0-у, Краснодар и «Легион»-м 4:1-уэ, ТIуапсы и «Эльтон»-м 4:3-уэ ефIэкIащ ди щIалэ цIыкIухэр. Финал зэIущIэм абыхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъуащ зыхэта гупым адрейхэм щатекIуа Керчь и «Авангард»-р. ЗэщхьэщыкIыныгъэ мащIэ иIэу 1:2-уэ кIэух зэIущIэм «Тэрч»-р къыщыхагъэщIащ икIи зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр къахьащ.
Командэ текIуэкIыныгъэм къищынэмыщIауэ, судьяхэм къыхагъэщащ ди щIалэщIэхэм я джэгукIэ дахэри. Зэхьэзэхуэм и гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу къалъытащ Къыз Андемыр. Уэщро Тамерлан гъуащхьауэ нэхъыфI хъуащ. Зэпеуэм щыдагъэкIа топ нэхъ дахэхэм ящыщ хъуащ Краснодар и «Легион»-м и гъуэм ХьэпащIэ Андемыркъан дигъэкIар.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: