Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щIедзэ

 «Демография» лъэпкъ проектым и «Спорт – норма жизни» федеральнэ Iыхьэм хиубыдэу, «Лига здоровья нации» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм УФ-м СпортымкIэ и минитерствэм къыдиIыгъыу къызэрегъэпэщ «Человек идущий» къэкIухьынымкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. Гуп щхьэхуэ зэхуашэсыурэ абы хэтыну Iэмал яIэщ дэтхэнэри. 

Зэхьэзэхуэм гупхэр цIыху 20-50-у щызэхагъэувэ. Дэтхэнэ зыми зыщригъэтхын хуейщ пщIэншэу интернетым ит «Человек идущий» мобильнэ гуэдзэным. АдэкIэ абы къибжынущ командэм хэтхэм къакIуа лъэбакъуэхэр икIи абы ипкъ иткIэ гупым рейтинг хуагъэфэщэнущ. 
Зэхьэзэхуэхэр IыхьитIу зэхэтынущ. 2021 гъэм и фокIадэм и 10-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 10 пщIондэ – пэщIэдзэ Iыхьэщ – гупхэр зэхагъэувэнущ, хэтынухэр ирагъэджэнущ. ЕтIуанэ Iыхьэм жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 15 пщIондэ зэхьэзэхуэхэр екIуэкIынущ. 
АдэкIэ зэпеуэхэм кърикIуахэм япкъ иткIэ текIуахэр ягъэпэжэнущ. 
Муниципальнэ, корпоратив, студент командэхэр, пенсионерхэр ирагъэблагъэ зэхьэзэхуэм хэтыну.  
 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: