КIэух зэIущIэм хэтынухэр зэхагъэкI

Дзюдо

Урысейм и щIалэгъуалэм и V гъэмахуэ спартакиадэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм  и зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ 2002-2004 гъэхэм къалъхуа щIалэрэ хъыджэбзу 70-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуибл къыщахьащ. Зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Кабуловэ Миланэ (кг 70), Шормэн Элеонорэ (кг 44-рэ), Архэст Iэмал (кг 100). Дыжьын медалхэр къахьащ Къанокъуэ Арианнэ (кг 52-рэ), Уянаев Ислъам (кг 90), Балъкъыз Залым (кг 100-м щIигъу) сымэ. Домбеякъыр зыIэригъэхьащ Тау Артур (кг 55-рэ).
Гуп зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэ къыхэхам ещанэ увыпIэр щиубыдащ.
Зэпеуэм дыщэ медаль къыщызыхьахэр хэтынущ Урысей щIалэгъуалэм я гъэмахуэ Спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэхэм.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: