Анэдэлъхубзэр фIыуэ ирагъэлъагъу

ЦIыхум и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъун папщIэ сабий ныбжьым щыщIэдзауэ дегъэхьэхын хуейщ IэмалкIэ, джэгукIэкIэ, щапхъэкIэ. Абы и IуэхукIэ жэуаплыныгъэ яхьу си гугъэщ сабий гъэсапIэхэм. ГъэсакIуэм лъэпкъ гулъытэ хэлъмэ, игъасэхэри ехъулIащ.

Щхьэлыкъуэ дэт школ №1-м къегъэщIылIауэ лажьэ сабий садым щыIэ курыт гупыр хэту екIуэкIащ Анэдэлъхубзэм и махуэм хухаха Iуэху щIэщыгъуэр.
- Лъэпкъ къэс и бзэрщ нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщхьэхукI Iэмал нэхъыщхьэу иIэр. Сабий ныбжьым щегъэжьауэ цIыхур и щэнхабзэм щIэпIыкIын, и анэдэлъхубзэкIэ гупсысэу егъэсэн хуейщ. Гулъытэншэ пщIы хъунукъым нэгъуэщI лъэпкъхэри илъытэу къэгъэтэджынри, - жиIащ Iуэхур къызэзыгъэпэща Маремкъул Иринэ.
Сабийхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр ирагъэцIыхуащ - джэгукIэ Iэмалым тету абыхэм жраIащ унэцIэ щхьэхуэ зиIэм езым я дамыгъэ зэрызэрахьэр икIи цIыкIухэм щхьэж и дамыгъэ къыкIэралъхьащ. ИрагъэцIыхуащ дахэу ягъэхьэзыра Iэнэ лъакъуищым тет адыгэ шхыныгъуэхэу хьэлыуэр, зэкIэрысыр, тхъурыжьыр. Адыгэ, балъкъэр сабийхэр адыгэ фащэ ящыгъыу къызэдэфащ. Сабийхэм я IэкIэ блын газет ирагъэщIащ: фIэхъус зэрах, фIыщIэ зэращI псалъэ гуапэхэр бзищымкIи тхауэ цIыкIухэм абы кIэрагъэпщIащ. Ахэр гъэхуауэ къеджащ бзэм, хабзэм, фащэм, анэм, Хэкум теухуа усэ кIэщIхэм, къуажэхь цIыкIухэри зэпадзыжащ.
ЩIэщыгъуэу екIуэкIа Iуэхур цIыкIухэм гукъинэж ящыхъуащ. Ар куэд и уасэщ.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: