Жыг къибупщIыкIа - абы и пIэкIэ нэгъуэщI хэсэМэзым и махуэхэр Мэзым и махуэхэр зыфIаща Iуэхугъуэр 2020 гъэм Урысейм щокIуэкI фокIадэм и 15-м къыщыщIэдзауэ махуищкIэ. Лъэхъэнэ блэкIахэм мэзхэм пщIэшхуэ яIащ. Ди япэ итахэм къагурыIуэрт ахэр щысхьыншэу ибупщIыкI зэрымыхъунур. Ухуэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэр къызэрыхэтхым и мызакъуэу, дызэрыбауэ хьэуам и нэхъыбапIэр къыдэзытри мэзхэращ. Ахэр я хэщIапIэщ къуалэбзу, хьэкIэкхъуэкIэ, хьэпщхупщ куэдым, къэдгъэлъагъуэмэ, щIым щызекIуэ псэущхьэхэм я процент 80-м щIигъум. Телъыджащэщ, ауэ мэзхэм гъуэзри сабэри зыщIашэ. Псалъэм папщIэ, гектар иримыкъу щIыгум зизыуфэбгъуа уэздыгъейхэм сабэу тонн 40-м нэблагъэ зэуэзэпсэу зэщIаубыдэфынущ. Гу лъумытэнкIи Iэмал иIэкъым, мэз гуэрэнхэм я кIуэцIым хьэуар куэдкIэ зэрыщынэхъ къабзэми.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|